Лэжьак1уэ къэзылъыхъуэхэм папщ1э

Гу зылъытапхъэ!

ЛэжьакIуэ къэзылъыхъуэ ­Iуэ­ху­щIапIэхэм я унафэщIхэм папщIэ 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 23-м екIуэкIынущ «Урысейм узэры­щылэжьэнур. Iэмалхэм я чэзу» урысейпсо жармыкIэм и федеральнэ Iыхьэр. 

IуэхущIапIэхэр сыт хуэдэ лэ­жьакIуэ хуэныкъуэми, IэнатIэ щхьэ­хуэхэм увыну зызыгъэ­хьэ­зырхэм хуагъэув мардэхэми, лэ­жьыгъэр къызэрызэрагъэпэща щIыкIэми, улахуэм и инагъми, жылагъуэ дэчыхыныгъэ яIэнухэми щыгъуазэ защIыфынущ зэхуэ­сым хэтынухэм. Видеоконференц IэмалкIэ абыхэм къахуэзэнущ Мэзкуу, Санкт-Петербург, Севастополь, Набережные Челны, Тольятти, Мэзкуу, Ленинград, Самарэ областхэмрэ къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэмрэ щыщ уна­фэщIхэр. 
ЦIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэзыгъэпэщ центрым и IэщIагъэлIхэм чэн­джэщ къыбгъэдахыфынущ жар­мыкIэм хэтынухэм, нэхъ IэмалыфI къезытыну хэкIыпIэхэмрэ ­нэхъ псынщIэу зызыужь къудамэ­хэмрэ къыжраIэнущ лэжьапIэ къэ­зылъыхъуэхэм. 
Зэхуэсым ирихьэлIэнухэм Iэмал яIэнущ «КъБР-м лэжьапIэ къыщыбгъуэтын папщIэ, профориентацэр сэбэп мэхъу» семинарым хэтыну. Абдежым ще­кIуэкIынущ «Пэжу зэ­хэлъхьа резюмер лэжьапIэфI къэб­гъуэ­тыным хуэунэтIа япэ лъэба­къуэщ» мастер-классыр. 
КъБР-м щэнхабзэм и хъугъуэ­фIыгъуэхэр къыщызэфIэгъэувы­жын IуэхукIэ щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм хиубыдэу, жармыкIэм хэ­тынущ «Республикэм лъэпкъ ­Iэп­­­щIэ­лъапщIагъым зы­ще­гъэубгъунымкIэ центр» IуэхущIапIэр. ДыщэхэкI щIынымкIэ, тхыпхъэ хэдыкIынымкIэ, дыщэидэмкIэ мастер-классхэр ирагъэлъагъунущ хьэ­щIэхэм. Кхъуэщын щIы­кIэми ирагъэсэнущ. 
 ЖармыкIэр щекIуэкIынущ мы хэщIапIэм: Налшык къалэ, Що­джэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрам, 28, Къэрал концерт гъэ­лъэгъуапIэ. Сыхьэт 11-м щIедзэ. 

Поделиться:

Читать также: