КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ветеранхэм я Налшык къалэ советым и тхьэмадэ Абдулаев Мустэфа йохъуэхъу

Нобэ и илъэс 90 юбилейр егъэлъапIэ ди щIыналъэм пщIэшхуэ щызиIэ нэхъыжьыфI, Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ советым и тхьэмадэ Абдулаев Мустэфа Камал и ­къуэм. 

IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм хэту, Мус­тэфа Камал и къуэм илъэс 30-м щIигъукIэ Хэкум ­къулыкъу хуищIащ. Пенсэ кIуа нэужь, абы щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ, жэуаплы­ныгъэ зыпылъ IэнатIэхэм пэрытащ, щIэб­лэр ­хэкупсэу гъэсэным хэлъхьэныгъэ ин хуи­щIу, ­ветеранхэм я зэщIэхъееныгъэм Къэ­бэр­дей-Балъ­къэрым зыщригъэужьу. 
Абдулаев Мустэфа бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэм къэрал гулъытэ ин ягъуэтащ. Абы хуа­гъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIы­щIэхэм папщIэ» орденхэр, «Псэ хьэлэл лэ­жьыгъэм ­папщIэ», «Къулыкъу хьэлэлым пап­щIэ» медалхэм я нагъыщэхэр, нэгъуэщI къэрал дамыгъэ лъапIэхэр. 
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу Мустэфа  Камал и къуэм сохъуэхъу къыщалъхуа и ма­хуэш­хуэмкIэ. Си гуапэщ узыншагъэ быдэ иIэну, фIыгъуэ куэд къеуэлIэну. 

Поделиться:

Читать также: