ЦIыхубэ Iущыгъэ

Мы ди ЩIы хъурейм тепсэухь цIыхухэм зыри яхэткъым лъэпкъым и Iущыгъэ къыхэкъузыкIар къэзыгъэлъагъуэ псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр имыIэу. А псалъэжьхэм я куэдагъыр елъытакъым лъэпкъым и инагъым. Ауэ цIыху гъащIэм и зы лъэныкъуи къэнакъым псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ зи гугъу ямыщI, абыхэм я нурым къимыгъэнэху. Ар апхуэдэу щыщыткIэ, псалъэжьхэр къэплъытэ хъунущ дэтхэнэ лъэпкъми и тхыдэр, къикIуа гъуэгу кIыхьыр, а гъуэгуанэм щигъуэта зэхэщIыкIыр, къэзыухъуреихь дунейм хуиIэ щытыкIэр къызэрыщ гъуджэу. 
 Псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ дэтхэнэ лъэпкъыбзэми и дыщэ пхъуантэщ, цIыхубэ IуэрыIуатэм щIыпIэ нэхъыбэ дыдэ щызыубыд Iыхьэшхуэщ, гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къозыхьэлIэ чэнджэщщ, чэнджэщ къудейм къыщымынэу, зэрыщытыпхъэр, къэбгъэхъу мыхъунухэр къэзыгъэув адэжь уэсятхэщ. 
Зыщыпсэу щIыпIэхэм я зэпэжыжьагъым емылъытауэ, лъэпкъхэм я псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ я гъэпсыкIэкIи, я ухуэкIэкIи, я купщIэкIи куэдрэ зэтохуэ. Ар елъытагъэнщ лъэпкъхэм я къекIуэкIыкIар, къакIуа гъащIэ гъуэгур зыкъомкIэ зэщхьу зэрыщытым, цIыхухэр ижь-ижьыж лъандэрэ зэхыхьэ-зэхэкIыу, сату зэдащIу, уеблэмэ зэзауэу къызэрекIуэкIым. Пэжу, дэтхэнэ лъэпкъми и псэукIэм, къэзыухъуреихь дунейм, лъэпкъ хабзэхэм елъытауэ, езым ей дыдэ, нэгъуэщIхэм ямыIэ псалъэжьхэри и куэдщ. Ар апхуэдэу щымытамэ, дунейпсо гъащIэри, къэралхэм я зэхущытыкIэхэри, я зэблэкIыкIэхэри куэдкIэ нэхъ тхьэмыщкIэ, нэхъ щIэщыгъуэншэ хъунт. 
Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я псалъэжьхэр къапщтэрэ зэбгъапщэмэ, гу лъыботэ абыхэм я нэхъыбэр зэрызэпэгъунэгъу дыдэм е зэрызэтехуапэм. БзэкIэ, хабзэкIэ нэхъ зэгъунэгъу адыгэ, абазэ, абхъаз лъэпкъхэм я псалъэжьхэм ящыщу зэтемыхуэу къанэр IэджэкIэ нэхъ мащIэщ, зэтехуэхэм нэхърэ. Ар и щыхьэтщ а лъэпкъхэр я псэукIэкIи, я гупсысэкIэкIи, я гъащIэ IэщIагъэхэмкIи зэгъунэгъу дыдэу зэрыщытым. Псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ къакIуа гъуэгуанэ кIыхьым къыпхыкIын ялъэкIащ къызэрежьа дыдэм хуэдэу, абы къыхэкIыуи абыхэм яхэтщ ди нобэм къемыкIуж Iэджи, ауэ ахэр и щыхьэтщ лъэпкъым къызэринэкIа гъащIэм, тхыдэ пэжым, цIыхухэм яфIэигъуэу, яфIэигъуэджэу щытахэм, зэхущытыкIэу яIахэм. Абыхэм уащыгъуэзэнымкIэ псалъэжьхэм хуэдэу пэж жызыIэ нэгъуэщI щыхьэт гъуэтыгъуейщ. 1961 гъэм Москва къыщыдэкIа «КъуэкIыпIэм щыпсэу лъэпкъхэм я псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ» тхылъышхуэм и пэублэ псалъэм Аникин В. П. мыпхуэдэу щетх: «… Тхыдэтххэр псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ щолъыхъуэ блэкIа жыжьэм къыщыхъуахэм я щыхьэтхэм. Юристым дежкIэ ахэр лъапIэщ цIыхубэ гъащIэм и хабзэ мытхауэ зэрыщытымкIэ. Этнографым цIыхубэм я жыIэгъуэ шэрыуэхэм хелъагъуэ блэкIагъэххэ лъэхъэнэхэм щыIа хабзэхэмрэ зэхэтыкIэхэмрэ. Философыр пылъщ псалъэжьхэмкIэ цIыхубэм я гупсысэкIэр къихутэну. Бзэр зыджым псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ хелъагъуэ бзэм и зэхэлъыкIэмрэ абы и зыхъуэжыкIэмрэ я хабзэхэр. ТхакIуэхэм, усакIуэхэм псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ яфIэгъэщIэгъуэнщ хуэIэзэ дыдэу езы лъэпкъым ахэр усэбзэм зэрыригъэувэр, сыт хуэдэ къэхъукъащIэми псалъэжьхэр кIэщIу, гуащIэу зэрыпэджэжыр. Псом хуэмыдэжу ахэр фIыуэ зылъагъур езы цIыхубэращ: ахэр Iущщ, шэрыуэщ, бзэр ягъэдахэу, я гъащIэм къыпхугуэмыхыну махуэ къэс ящIыгъущ. Псалъэжьыр – гъащIэм и лъэныкъуэ псори къызэщIэзыубыдэ цIыхубэ гупсысэщ, усыгъэ кIэщIым и къупхъэм итрэ зытепсэлъыхьыр и кIэм нэгъэсауэ…» Гугъущ абы зыгуэр щIыбгъужыну! 
Зэман блэкIахэр къапщтэмэ, адыгэ псалъэжьхэр зэхуэхьэсын щIадзауэ щытащ ди лъэпкъым япэу къыхэжаныкIа адыгэ щIэныгъэлIхэм. Псалъэм папщIэ, ди лъэпкъ узэщIакIуэ цIэрыIуэ Тамбий Пагуэ итхыжа адыгэ псалъэжьхэу, псалъэ шэрыуэхэу, къуажэхьхэу, псынщIэрыжыIэхэу 900-м нэс академик Лопатинский Л. къыдигъэкIауэ щытащ «Сборник материалов для описания местностей и племён Кавказа» жыхуиIэ сборникым иту. Ауэ мы Iуэхушхуэм зэрыхуэфащэкIэ ди щIэныгъэлIхэр яужь щихьэфар Октябрь революцэм и ужькIэщ. АрщхьэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ я щIэныгъэхутэ институтхэм щэщI гъэхэм зэхуахьэса псалъэжьыбэр къахудэмыгъэкIыурэ Хэку зауэшхуэм щIидзэри, зэхуахьэсахэри кIуэдыжащ. Зауэ нэужьым ахэр щIэрыщIэу зэхуахьэсыжри, Елбэрд Хьэсэн къыдигъэкIауэ щытащ адыгэ псалъэжьхэу 250-м щIигъу зэрыт тхылъ. Нэхъ иужьыIуэкIэ Шортэн Аскэрбий, Елбэрд Хьэсэн, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сымэ къыдагъэкIа «Адыгэ уэрэдыжьхэмрэ псалъэжьхэмрэ» тхылъым псалъэжь миным нэс итт. 
Зауэ нэужь илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэхутэ институтыр нэхъ тегъэчыныхьауэ иужь ихьащ псалъэжьхэр зэхуэхьэсыным. Зэхадзыжщ, зыхуей хуагъазэри, ГъукIэмыхъу Iэбубэчыррэ КъардэнгъущI Зырамыкурэ 1965, 1967 гъэхэм тхылъитIу къыдагъэкIащ. Ахэр зы тхылъу къыдэкIыжащ 1994 гъэм. Абы ихуащ псалъэжь 5000-м нэс. А тхылъращ псалъэжь нэхъыбэ дыдэ иту нобэкIэ ди хэгъуэгухэм къыщыдэкIар. 
 

 

Шэрджэс Алий.
Поделиться: