ЖызыIэн зи куэдыр куэдым гу лъызытэрщ

   Псоми я зэхуэдэ пэжу къэплъытэ хъуну къыщIэкIынщ цIыхур цIыху хуэдэу, и напэр къабзэрэ и бзэр дахэу дунейм тетын зэрыхуейр. АрщхьэкIэ зэ еплъыгъуэкIэ тыншу къыпщыхъу апхуэдэ дуней тетыкIэр къызэмыхъулIэхэри мащIэкъым. Сыту пIэрэ атIэ абы и щхьэусыгъуэр? Апхуэдэ гупсысэм щIэмычэу игъэпIейтейхэм ящыщщ жыIэгъуэхэр щызэхуэхьэса  «Чэнджащэ щыуэрейкъым» тхылъыр зи Iэда­къэщIэкI ГубэщIыкI Влади­мир. Ар зэуэ наIуэ пщохъу абы и жыIэгъуэхэм щыгъуазэ зыхуэпщIа нэужь. Ар  яужь иткъым псори дигъэсэжынуи, зы­ми ди акъыл здынэмыса гуэр езым ищIэу зыкъытфIигъэ­щIынуи. ГъащIэм къыхиха гупсысэхэр къыдиIуэтылIэ къудейщ. Ауэ Владимир и жыIэгъуэхэр псалъэ шэрыуэкIэ къэIуэта губзыгъа­гъэ куэдым къащхьэщокI къыджиIэхэм я нэхъыбэм и гурыгъу­гурыщIэхэр лъабжьэ зэрахуэхъумкIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм гууз-­лыуз зэрахуиIэмкIэ. Шэч хэлъкъым ар езым и дуней тетыкIэм къигъэщIыжа Iуэху бгъэдыхьэкIэу зэрыщытым.

Литературэм и жанрым зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр гъэщIэгъуэнщ, Владимир и IэщIагъэкIи и лэжьыгъэкIи тхэн Iуэхум пыщIауэ къекIуэ­кIауэ пхужыIэнукъым: хабзэхъумэ  IэнатIэхэм  къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щызэрихьащ, ЮстицэмкIэ министерствэм и Iэтащхьэу щытащ, илъэс тIощIым щIигъукIэ Сбербанкым и унафэщIу лэжьащ. Ауэ сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, ар сыт щыгъуи къэгъуэгурыкIуащ адыгэ тхыдэм, адыгэ хабзэм гурэ псэкIэ пэгъунэгъуу, ди гъащIэм иджыри хэлъ мыхъумыщIагъэхэм, ди анэ­дэлъхубзэм къылъыкъуэкI гугъуе­хьхэм фэрыщIагъ хэмылъу тегузэвыхьу. Тегузэвыхь къудей мыхъуу, анэдэлъхубзэм теухуа хабзэр убзыхунымрэ ар къащтэнымри и гуащIэ ин хилъхьащ. Апхуэдэу Владимир жыджэру хэтащ лъэпкъ Iуэхум тегъэ­пса Адыгэ Хасэхэм я лэжьыгъэми – нэхъыжьыфIу, и псалъи и IуэхущIафи щхьэпэу.

ИСТЭПАН Залинэ.

Хабзэрэ цIыхугъэрэ

       ЖыIэгъуэхэр

Адыгэм пщIэ хуэщIи, узыхуейр къыпхуищIэнщ.

Ауану зэхэлъыр ауан щIынкIэ ерыщщ.

Бжыр зыIыгъым и унафэр, пхэнжу щытми, кIуэцIрокI.

БэмпIэгъуэ блэжьмэ, бампIэ ущыщIэнукъым.

Гугъэр псэм и щIасэщ.

Гупым и тхьэмадэр фадафэм, гупым щхьэуз игъуэтынщ.

Гупым ябгэ хэсым, гупыр уигъэбгынэнщ.

ГущIэгъу зимыIэм и диныр фэрыщIагъкIэ гъэнщIащ.

ГъащIэм сыт щыгъуи узыщыгуфIыкIын хэлъщ.

Дин зыIыгъымрэ зи гур къабзэмрэ я гъуэгур нэхущ.

Езыгъэлейм удын нэхъыбэ къылъос.

Езыр зыри имыIысу жылэр зэзымыпэсым ахьмакъкIэ йо­джэ.

Жьым пщIэрэ гущIэгъурэ хуэзымыщIыр фIым щремыгугъ.

Закон хъуэжыр унагъуэ Iэпхъуэм хуэдэщ – узэIещIэ.

Законым пщIэ щыхуамыщI къэралыр къэралыгъуэ иувауэ убж хъунукъым.

Зи мурад мыдахэм псалъэ дахэ къыжьэдэкIырейкъым.

Зи напэр хужьу зи гур фIыцIэ нэхърэ, зи напэр фIыцIэу зи гур къабзэ.

Зи псалъэ зыгъэзащIэм гъащIэри доIэпыкъу.

Зи хабзэр зыхъумэжым хамэм и хабзэфIри къыхуощхьэпэ.

Къарууншэм, сытокIуэ жы­пIэу, лей иумых, къыпщIэ­кIуэжынкъым.

Къилэжьакъым жаIэу, хьэдрыхэ зыри къыщIахужакъым.

Къомыджауэ уемыблагъэ, уеблэгъам, ди хьэщIэр хьэжь хъуащ жумыгъэIэ.

Къыумылэжьа пщIэм жыжьэ унихьэсынукъым.

ЛъхукъуэлIу къалъхуар уэркъ щIыгъуейщ.

ЛIыгъэ зимыгъусэ цIыхугъэм и зэфIэгъэкIыр мащIэщ.

ЛIыфI и псалъэ куэд и уасэщ.

МащIэ зыщIэм нэхърэ хуащIэр зыфIэмащIэр нэхъ нэпсейщ.

Мылъкум беягъэм хегъахъуэ­ри, насыпым хэзыгъахъуэр цIыхугъэрщ.

Мылъкур ныбэм хуолажьэ, цIыхугъэм пщIэр къеIэт.

Напэ зимыIэм и жейр Iувщ.

Напэр щыкъабзэм псэр мэтынш.

Насыпыр Iыхьэ куэду зэхэлъщ, ауэ псоми я лъабжьэр узыншагъэрщ.

НэгъуэщI пхузэфIэмыкIми, псалъэ гуапэкIэ цIыхум хуэупсэ.

Нэхъыжьым пщIэ хуумыщIауэ, нэхъыщIэм я пщIэ ущымыгугъ.

Псалъэ гуапэм уасэ щIамыт­ми, и пщIэр инщ.

Силъ сощIэж жыпIэу лажьэ зимыIэ цIыхум удын ебдзыну дурыскъым.

Узым я нэхъ Iейр къызыхэкIыр бампIэрщ.

Уи щхьэ ущытхъужыху, къыпщытхъум хощI.

Фыгъуэм мыгъуэ къехь.

ФIы блэжьам, фIыщIэ умылъы­хъуэ.

Хабзэ зыхэмылъым и сэлам къудейри гурымыхьщ.

ХьэщIэ зи жагъуэм узэрыримыгъэблэгъэн щхьэусыгъуэ и куэдщ.

Хъуэхъури зэрыжаIэм елъытащ   – хъуанэу къыщыщIидзыжи щыIэщ.

ЦIыху мыхъумыщIэм фIы хуэпщIэныр щIагъуэкъым, езым къыпхуищIэныр нэхъ Iеижщ.

ЦIыхугъэ зыхэмылъым адрейхэри цIыхугъэншэу къыщохъу.

ЦIыхум и пщIэр къызэра­пщхэм щыщу цIыхугъэр япэ итщ.

ЦIыхум уехъуэхъуну щхьэусыгъуэ умыгъуэтми, хъуэн къыхуумылъыхъуэ.

Щхьэщытхъум и пщIэр жыжьэ нэсыркъым.

Щэху пхъумэнум, уи щхьэми щыхъумэ.

Iуэхутхьэбзэ зыщIэм гукъанэ хуащIыркъым.

ГУБЭЩIЫКI Владимир.

 

Поделиться: