Гъэмахуэмрэ пIалъэ лэжьыгъэхэмрэ

Нэхъапэм, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм зэрыщIидзэу школым къаутIыпща цIыкIухэр, экзамен зыт 8-10-нэ классхэм щIэсхэм фIэкIа къэмынэу, тхьэмахуитIкIэ колхозым и нартыхупкъэхэм пщIакIуэ яшэрт, ар псоми къалэну ятелъу. А пIалъэр зэфIэкIа нэужь, колхозым пщIэкIэ хуэлэжьэну хуейхэм папщIэ производственнэ бригадэхэр къызэрагъэпэщырти, гъэ еджэгъуэм щIидзэжыху губгъуэхэм щылажьэрт, питомникхэм пхъэщхьэмыщхьэ пасэхэр, хадэхэкIхэр къыщрахьэлIэжырт. Къэралыр лъэлъэжа нэужь, а псори кIуэдыжащ.

 Нобэ а Iуэхур къаIэтыж икIи Урысейм къару щегъуэт балигъыпIэ имыувахэр пIалъэ лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа унафэм. ЛэжьакIуэхэр щахуримыкъу нобэ хуэдэ зэманым ныбжьыщIэхэм я къарур къэгъэсэбэпыныр IэнатIэ зытхэм я дежкIэ хэкIыпIэшхуэу къыщIэкIащ. Къапщтэмэ, гъэмахуэм зэрыщIидзэрэ, пIалъэкIэ лэжьэну хуейуэ щIэлъэIухэм я бжыгъэр гъэ кIуам елъытауэ процент 13-кIэ зэуэ хэхъуащ.

Илъэс 14 иримыкъуахэр творческэ лэжьыгъэхэм фIэкIа нэгъуэщIыпIэ IэнатIэ яхуэпщIу хабзэм идэркъым. Апхуэдэхэм хохьэ кинотеатрхэр, концерт тыпIэхэр, н. къ. Абы щыгъуэми ахэр щылэжьыну IуэхущIапIэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зэращIылIэ зэгурыIуэныгъэм Iэ тезыдзэр цIыкIухэм я адэ-анэхэрщ. Илъэс 14-м щегъэжьауэ езыхэм зэгурыIуэныгъэм Iэ традзэну хуит ещI, ауэ абдежми адэ-анэхэм я арэзыныгъэ хэлъын хуейщ. Илъэс 16 ирикъуахэм я щхьэм и унафэ ящIыж.

ХабзэщIэм щыгъэбелджылащ ныбжьыщIэхэр зэрагъэлэжьэну зэманыр зыхуэдизри: илъэс 14-м щыщIэдзауэ 15-м нэсыху махуэм сыхьэти 4-кIэ, илъэс 15-16-р сыхьэти 5-кIэ, илъэс 16-18-р сыхьэти 7-кIэ. Зи ныбжь иримыкъуахэм гъэунэхугъуэ пIалъэ иратыркъым, мылъкукIи жэуап яхьыркъым, къалэн лей и пщэм къыдалъхьэ, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм е жэщу ягъэлажьэ, командировкэ IуэхукIэ нэгъуэщI щIыпIэ ягъакIуэ хъунукъым.

Апхуэдэу ахэр къащтэну хуиткъым узыншагъэм зэран хуэхъу пкъыгъуэхэр къыщыщIагъэкI, лэжьыгъэ хьэлъэ къыщрахьэлIэ IэнатIэхэм, ахъшэ джэгупIэхэм, жэщ клубхэм, шагъыр, тутын къыщыщIагъэкI, къыщрашэкI, щащэ щIыпIэхэм. ЗэрыжытIащи, зи ныбжь иримыкъуахэр зыгъэлэжьэну хуейхэм я бжыгъэм къыхэхъуэ зэпытщ. Мы илъэсым къриубыдэу илъэс 14 ирикъуахэм хуагъэлъагъуэ лэжьыгъэ лIэужьыгъуэхэм илъэс кIуам елъытауэ процент 28-кIэ хэхъуащ икIи абыхэм нэхъыбэу щIэупщIэ щаIэщ шхапIэхэм, туризмэм, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм. Абыхэм къалъыхъуэр IэщIагъэ зимыIэ, сыт хуэдэ лэжьыгъэми Iэпыдзлъэпыдзу пIалъэкIэ къыщагъэсэбэпынщ. НыбжьыщIэхэм къыщыхуагъэлъагъуи щыIэщ официант, флорист, тыкуэнхэм я чэнджэщакIуэ лэжьыгъэхэри.  Компание куэдымкIэ ар хэкIыпIэшхуэщ, штатым хэт лэжьакIуи къамыщтэрэ, я Iуэху дэзыгъэкIыни яIэу.

Псори зытещIыхьыжа улахуэм и Iуэхури мыпхуэдэ бжыгъэхэм къыбжаIэ: я къалэнхэм нэсу хамыщIыкIыу IэнатIэм пэрыувэ ныбжьыщIэхэм хуагъэуву ди къэралым ику иту щызекIуэ мазэ улахуэр сом мин 27-рэ мэхъу. Ахэр сыхьэт зыбжанэкIэ фIэкIа зэрамыгъэлажьэр къэплъытэмэ, ар мащIэуи щыткъым. Абыхэм яхэтщ мазэм сом мин 35-м къыщыщIэдзауэ 70-м нэсыху зратхэри. Апхуэдэхэм ящыщщ посылкэ мыинхэр цIыхухэм ялъэзыгъэIэсхэр, ерыскъы хьэзыр яхуэзышэхэр, уеблэмэ абыхэм я лэжьапщIэр сом мини 100-ми нагъэсыфынущ, жанагъ къызыкъуахмэ.

Шэрэдж Дисэ.

Поделиться:

Читать также: