Херсон, Белгород областхэм ядоIэпыкъу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ, Херсонрэ Белгородрэ ирагъэшащ гуманитар дэIэпыкъуныгъэу тонни120-м щIигъу. Ерыскъыпхъэхэр, псыхэр, цIыхур япэу зыхуэныкъуэ хъу нэгъуэщI хьэпшыпхэр зи гугъу тщIа щIыналъэхэм яхуегъэшэныр къызэрагъэпэщ зауэр зылъэIэса щIыпIэхэм щылажьэ «Урысей Зэкъуэт партым и щIыналъэ къудамэхэм.

ЩытыкIэ гугъум къихута цIыхухэм хурагъашэ псори къахуэщхьэпэнущ. Псом хуэмыдэу, апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэм хуэныкъуэнухэм ящыщщ бзаджащIэхэм якъута Кахов ГЭС-м пэгъунэгъуу псэуахэр а къэхъукъащIэм и зэранкIэ а щIыпIэм иIэпхъукIын хуей хъуащ.

Абыхэм я нэхъыбэр жьыкIэфэкIэрэ сабийрэщ, е зи узыншагъэр мыщIагъуэхэмрэ цIыхубзхэмрэщ. А щIыналъэхэм щыщыIэ хъуа щытыкIэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр лъэныкъуэкIэ еплъу зэрыщымысыфынур КIуэкIуэ Казбек и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

Читать также: