Сыхьэтхэр аргуэру ирагъэкIуэтэкIыну?

Иджыблагъэ Къэрал Думэм къыщыхалъхьащ гъэмахуэ зэманым техьэжын хуейуэ. Апхуэдэ хъыбар  Telegram-каналымкIэ игъэIуащ КПРФ-м и депутат Матвеев Михаил. Абы зэрыжиIэмкIэ, гъатхэпэ мазэм и кIэхэм зэманыр зы сыхьэтк1э ипэкIэ еIуэнт1экIыпхъэщ. «Абы теухуа законым и проектым дыхэплъэнущ мэкъуауэгъуэм и 21 –м», - къыхигъэщащ Матвеевым.
Мазаем депутатым къыхилъхьауэ щытащ щIымахуэ, гъэмахуэ лъэхъэнэхэм сыхьэтыр кърагъэкIуэт-ягъэкIуэтэжым хуэкIуэжыпхъэу. Абы зэрыжиIэмкIэ, 2011 гъэм иджыпсту зытет мардэм зэрытехьам и зэранкIэ, махуэр нэхъ кIэщI хъуауэ, сыхьэт 18 - м къыщыщIэдзауэ 23 - рэ хъуху нэхуу, цIыхухэм къыхуэгъэсэбэпыным кIэрыхуауэ къелъытэ. 
2011 гъэм и гъэмахуэм УФ-м и Президенту щыта Медведев Дмитрий къыхилъхьэри, Къэрал Думэм унафэ къищтауэ щытащ илъэсым и кIуэцIкIэ зэманыр зы сыхьэткIэ тIэу зэрахъуэж хабзэр къутэжын хуейуэ. ИлъэсищкIэ гъэмахуэ зэманым тещIыхьауэ къэралым сыхьэтхэр щагъэлэжьащ, иужькIэ 2014 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм щIымахуэ зэманым хуэкIуэжауэ апхуэдэу йокIуэкI.

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: