Фи гугъапIэ нэхухэм фалъэIэсыну!

УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерст­вэм зэриубзыхуам тету, мы махуэхэм ди къэралым и щIыналъэ псоми щокIуэкI курыт школыр къэзыуххэм папщIэ гуфIэгъуэ пшыхьхэр. Апхуэдэ зи щIалэгъуэхэм я бжыгъэр мы гъэм мин 825-м щIегъу. IэнатIэм и унафэщI Кравцов Сергей зэрыжиIамкIэ, иужьрей илъэсхэм еплъытмэ, мыгъэрей пшыхьхэр нэхъ зэIухауэ, хуиту, шэщIауэ йокIуэкI, сыту жыпIэмэ дуней псор зэщIэзыщтауэ щыта коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм ехьэлIауэ щыта Iуэхугъуэ ткIийхэр щыIэжкъыми. 

Курыт школыр къэзыуххэм я пшыхь ин нобэ, мэкъуауэгъуэм и 24-м, щекIуэкIынущ Москва и Утыку Плъыжьым. Ныбжьы­щIэ­хэм я гуфIэгъуэр даIэтыну абы къекIуэлIэнущ къэрал къулыкъу лъагэ зыIыгъхэр, жы­лагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, егъэджакIуэ пашэхэр, адэ-анэхэр, ныбжьэгъухэмрэ благъэхэмрэ. Ныщхьэбэ ди къэралым щызэхашэ хабзэ пшыхьхэм къахолыдыкI «Парус плъыжьхэр» фIэщыгъэр зиIэу илъэс 20-м нэсауэ Санкт-Петербург щекIуэкI хабзэ ­гуфIэгъуэ пшыхьыр. А нэгузыужь зэхы­хьэм, дапщэщи хуэдэу, къызэщIрагъэу­быдэ ныбжьыщIэхэм гукъинэж ящыхъун Iуэхугъуэ куэд. Нева псым трагъэхьэнущ жьы­кIэ зекIуэ кхъуафэжьей, и чэтэн плъы­жьым дэхуарзэу. Къалэр зэрыщыту къызэхикIухьурэ абы гуфIэгъуэм хэтыным псори къыхуреджэ. ИтIанэ, сыхьэт 22-м щIидзэнурэ щыхьэритIми нэху щыху щекIуэкIынущ концерт инхэр. НыбжьыщIэхэм папщIэ нэ­хущым ягъэлъэтэнущ хьэрэкIытIэ зэмы­лIэужьыгъуэхэр. 
Москварэ Санкт-Петербургрэ нобэ щызэхашэну гуфIэгъуэ зэхуэсхэм яхуэдэ дыдэу щымытами, ди республикэм и курыт школ псоми дыгъуэпшыхь къыщызэрагъэпэщащ пшыхь дахэхэр. 9-нэ, 11-нэ классхэр ныбжьыщIэ 15014-м къаухащ мы гъэм, абыхэм ящыщу мини 4-м щIигъум курыт щIэныгъэ ягъуэтащ. Абыхэм яхэттэкъым зи гукъы­дэжкIи теплъэкIи дагъуэ гуэри зыхуэпщIын: дэтхэнэми и нэгум къищырт гуфIэгъуэм и нурыр, я гукъыдэжри «къыщхьэпрып­кIы­ным» хуэдэти, пкъым изэгъэжыртэкъым. ЕкIут ди бгырыс щIалэхэр. Данэпсым зэре­хьэ зыхужыпIэным хуэдэт пщащэ цIыкIухэм я бостей дахэхэри.
А псоми къахэлыдыкIырт еджэ­ныр фIы дыдэу зэфIэзыхыу дыщэ, ды­жьын медалхэр зыхуагъэфэщахэр, къэрал къэпщытэныгъэ ткIийхэм ехъу­лIэныгъэ лъагэ зи­Iэу пэлъэщахэр. Ди гуапэ зэры­хъущи, апхуэдэ ныб­жьыщIэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ, нэгъабэрейм еплъытмэ. ХимиемкIэ екIуэкIа ЕГЭ-м балли 100 къыщахьащ цIыхуи 5-м. УрысыбзэмкIэ апхуэдэ дыдэ ехъулIэныгъэ лъагэ зыIэрагъэхьащ экзаменхэм хэта ныбжьыщIэхэм ящыщу 3-м. МатематикэмкIэ балли 100 зым къихьащ. ЩIэ­ныгъэ куу зыбгъэдэлъу зыкъэзыгъэ­лъэгъуахэм я бжыгъэм иджыри ­къы­хэхъуэну къы­щIэ­кIынщ - къэп­щытэныгъэхэм кърикIуа псори зэкIэ хэIущIыIу ­хъуакъым. НыбжьыщIэхэм ящыщ дэтхэнэри, шэч хэмылъу, хущIэ­къуащ илъэс бжыгъэкIэ зрагъэ­гъуэта щIэныгъэр зыхуэдэр къагъэлъэгъуэну, кIэух пшыхь дахэм ягурэ я щхьэрэ зэтелъу зрагъэхьэлIэну. АтIэми дэтхэнэми иджы къыIэрыхьэжащ илъэс 11 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр къы­зэ­ра­гъэсэбэпа щIыкIэм щыхьэт те­хъуэ дэфтэр нэхъыщхьэр – аттестатыр. 
Абы щыгуфIыкIрэ мурады­щIэхэм­рэ хъуэпсапIэ нэхухэмрэ я куэду пшы­хьым къекIуэлIа щIалэгъуалэм я егъэ­джакIуэхэм нэ­мыщI, пшыхьхэм къадыхэтащ я бынхэм а илъэсхэм къадэгъуэгурыкIуа адэ-анэхэр, щIыпIэ уна­фэщIхэр, нэхъыжьыфIхэр. Апхуэ­дэхэт КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэхэр, къалэ, къуажэ администрацэхэм я IэщIа­гъэлI­хэр, ныбжьэгъухэмрэ благъэ­хэм­рэ. Абыхэм балигъ гъащIэм хыхьэ ныбжьыщIэхэм яхуэгъэза хъуэхъу дахэхэр щагъэIуащ гуфIэгъуэ пшыхь­хэм. Дауи, абыхэми гулъытэ хэха хуа­щIащ къэрал къэпщытэныгъэхэм щIэ­ныгъэ куу къыщызыгъэлъэгъуа­хэм. 
Дэри ди гуапэу захудогъазэ курыт школыр къэзыухыу гъащIэм и напэкIуэцIыщIэ къызэIузыха щIалэгъуа­лэм. Егъэджэныгъэм щызыIэрывгъэхьа текIуэныгъэхэр дяпэкIэ фиIэну ехъулIэныгъэщIэхэм я пэщIэдзэ ирехъу. Ди Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэ псом я цIэр фIыкIэ зыгъэIуфын IэщIагъэлI щыпкъэхэр къыфхэкIыну дыфщогугъ. Фызы­хыхьэ балигъ гъащIэм и гъуэгур бгъуфIэу, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмкIэ, куп­щIа­фIэхэмкIэ гъэнщIауэ къыф­ху­щIэк­Iыну, фи гумрэ фи псэмрэ зы­щIэхъуэпсхэр къывэ­хъулIэну ди гуапэщ. 
НобэкIэ гъащIэм хувиIэ гугъапIэ нэхухэр IэщIыб фымыщI. Гугъэм къару къыпхелъхьэ, дамэ къыптрегъакIэ. Фхъумэ фи ныбжьэгъухэм, егъэджа­кIуэхэмрэ унэ­­тIакIуэхэмрэ яхуэфщIа лъа­гъу­ныгъэ къабзэр. А фIыгъуэхэр фи гъуэгугъэлъагъуэу фи мурадыфI­хэм фалъэIэсыну, дунейр зей зи щIалэгъуэхэ!

ЖЫЛАСЭ Маритэ, «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.
Поделиться: