Дуней псом щыIуа хьэгъуэлIыгъуэ

Иорданием и пащтыхь Абдалла II и бынитIым я хьэгъуэлIыгъуэр мы гъэм ящIащ. Ипхъу Иман гъатхэпэм унагъуэ ихьащ. И къуэ Хъусейн иджы дыдэ къишащ. Абы ирагъэблэгъащ дуней псом щыщ цIыху цIэрыIуэхэр, я благъэхэр, Iыхьлыхэр. 

Дуней псом щызэлъащIысащ Амман и Захран уардэунэм мэкъуауэгъуэм и 1-м илъэс 29-рэ хъу пащтыхьыкъуэ Хъусейнрэ архитектор Раджвэрэ я хьэгъуэлIыгъуэр зэрыщекIуэкIар. 
Хъусейн дзэ Iуэхухэм щыхуеджащ Америкэмрэ Инджылызымрэ. Абы щхьэгъусэ хуэхъуа Раджвэ архитектор IэщIагъэр щызригъэгъуэтар Америкэм и Штат Зэгуэтхэрщ. Пащтыхь гуащэ Рания и псалъэм зэпымыууэ къыхегъэщ и къуэм щхьэгъусэу къыхихамкIэ зэрыарэзыр. Абы нысэ хуэхъуар и анэмкIэ и благъэщ Сауд Хьэрыпым и пащтыхь Салман. Политикэ и лъэныкъуэкIэ мы Iуэхум еплъхэм къалъытэр Иорданием и пащтыхь унагъуэмрэ Сауд Хьэрыпым и тетымрэ зэблагъэ зэрыхъуар щхьэпэну къэралитIым я зэхущытыкIэр ефIэкIуэным. 
ХьэгъуэлIыгъуэм хэтащ принц Уильямрэ и щхьэгъусэ Миддлтон Кейтрэ, британ принцессэ Беатрис и щхьэгъусэ Эдоардэрэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Президентым и щхьэгъусэ Байден Джиллрэ ипхъу Эшлирэ, Данием, Испанием, Бельгием, Голландием, Швейцарием, Японием, нэгъуэщI къэралхэм я пащтыхьхэмрэ пащтыхь гуащэхэмрэ, нэгъуэщI политик цIэрыIуэхэр.
Иорданием ди лъэпкъэгъу мини 170-м щIигъу щопсэу. МахуищкIэ екIуэкIа гуфIэгъуэр адыгэ макъамэрэ къафэкIэ игъэдэхащ «Нади Ахли» ансамблым. 
НэгъуэщI къэралхэм къикIахэм я фэилъхьэгъуэхэр къыщыхахым, хьэгъуэлIыгъуэр муслъымэн хабзэм тету зэрекIуэкIыр къалъытэри, абы хуэфэщэну захуэпащ. Муслъымэн фэилъхьэгъуэхэм хэзыщIыкIхэм къыхагъэщащ пащтыхь Абдалла и къуэш нэхъыщIэ Али и щхьэгъусэ Брахими Рим дизайнер художник Сэральп Мадинэрэ Еутых Iэсиятрэ ягъэхьэзырауэ щыта адыгэ цIыхубз фащэ къэгъэщIэрэщIэжамкIэ хьэгъуэлIыгъуэм зэрыхэтар. Илъэс 20-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Рим а бостейр Сэральпым иригъэдат езым и хьэгъуэлIыгъуэм ирихьэлIэу. Рим и фащэр, япэми хуэдэу, иджыри и Iэпкълъэпкъым зэрекIур къыхагъэщащ. ХьэгъуэлIыгъуэр езыгъэкIуэкIа хъыджэбзми щыгъар адыгэ фащэ зэкIужщ. 
- НысащIэм и фэилъхьэгъуэр унагъуэм и тхыдэм щыщ Iыхьэ зэрыхъур гуапэщ. Еутых Iэсиятрэ сэрэ Рим и фащэр дыхуэсакъыу зэрыдгъэхьэзырар сигу къинэжащ. «Hollow» журналым ар дэрбзэр гъуазджэм и щапхъэу къилъытащ. Илъэс 20 дэкIыжауэ Рим ар зэрыщитIэгъар гуапэ тщыхъуащ! – жеIэ Мадинэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: