Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр ягъэтэмэм

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ зыбжанэм щыхэплъа зэIущIэ. 
КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн игъэбелджылащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и залог фондым хиубыдэхэм ехьэлIауэ Правительствэм игъэхьэзыра проектыр. Фондым и мылъкум къыхэхъуэнущ Налшык Пушкиным и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет унэ №18-р. 
Министрым игъэбелджылащ Киров С. М и цIэр зезыхьэ санаторэм пщIэншэу къигъэсэбэпыну щIы Iыхьэ иратыным теухуа проектри. 
«ХъыбарегъащIэ технологиехэр» къэрал программэм и щIыналъэ проектхэр дэIыгъыным теухуауэ федеральнэ бюджетым щыщ мылъку КъБР-м и бюджетым къыхуаутIыпщынымкIэ зэраухылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэм къару имыIэжу къызэралъытэ зэгурыIуэныгъэ щхьэхуэ зэраухылIэжащ. Ар игъэбелджылащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис. 
Министрыр къытеувыIащ «Гъэсэныгъэм и Iэмал нэхъыфIхэр» зэпеуэр республикэм зэрыщекIуэкIынум зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным тещIыхьа проектми. Зэрызэпеуэну лIэужьыгъуэхэм къыхагъэхъуэнущ, IуэхущIапIэ нэхъыбэ абы хэтыну Iэмал яIэн папщIэ. 
КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министрым и къуэдзэ Табыхъу Аслъэнджэрий игъэбелджылащ «Федеральнэ экологие оператор» IуэхущIапIэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэмрэ зэдэлэжьэнымкIэ зэраухылIа зэгурыIуэныгъэр. 
КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Ахъуэбэч Шамил къытеувыIащ КъБР-м и Правительствэмрэ тезыр щахь федеральнэ IэнатIэмрэ я зэгурыIуэныгъэм и проектым. Ар ехьэлIащ уголовно-гъэзэщIакIуэ системэм и мардэхэм, тезыр зыпшынхэм лэжьыгъэ къахуэгъуэтыным, абыхэм ядэIэпыкъуным. 
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор министерствэр КъБР-м и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ я администрацэхэм зэрадэлэжьэну мардэхэмкIэ 2023-2026 гъэхэм ятещIыхьауэ КъБР-м и Правительствэм игъэхьэзыра проектыр къигъэлъэгъуащ. 
Мыолимп джэгухэмкIэ Урысей Федерацэм и гупым хэту дунейпсо, Европэ, Урысей чемпионатхэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьа спортсменхэмрэ абыхэм я тренерхэмрэ ахъшэ саугъэт етыным теухуа проектищ къигъэлъэгъуащ КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам
Урысей Федерацэм граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ, къызэрымыкIуэ къэхъукъащIэхэмкIэ, абыхэм кърикIуа насыпыншагъэр гъэзэкIуэжынымкIэ и IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм КъБР-м щиIэ и къудамэм и унафэщI Надёжин Михаил республикэм мафIэсым щыпэщIэтынымкIэ Iэмал щхьэхуэхэр къыщызэгъэпэщыным теухуа проект игъэбелджылащ. 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: