Роботым операцэ ещI

Лышх узыфэхэр джынымкIэ Урысей Федерацэм и лъэпкъ медицинэ IуэхущIапIэм робот-хирург иIэщ, операцэ иригъэкIуэкIыу. Техникэм и иужьрей ехъулIэныгъэу а Iэмэпсымэ телъыджэр «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ къищэхуащ Ростов къалэм дэт онкоцентрым. Ар холэжьыхьыф цIыхухъу, цIыхубз узыфэхэмкIэ ирагъэкIуэкI операцэхэм, къищынэмыщIауэ, хуэIэзэщ тхьэмбыл, кIуэцI узхэм.

- Операцэ щедгъэкIуэкIкIэ робот-дэIэпыкъуэгъу «къызэрытхуагъэкIуэнум» куэд щIауэ дыхуэхьэзырт. Ростов онкоцентрыр зыхуей щыхуагъазэм ар къалъытэри, операцэ щедгъэкIуэкI пэшхэр нэхъ Iэхуитлъэхуит тхуащIат, роботыр къызэрагъэсэбэпыну хирург гупиплIрэ абыхэм ядэIэпыкъу медсестра гупрэ еджапIэ дгъэкIуат. Медицинэр и пIэ иткъым. КIэщIу жыпIэмэ, лышхым пэщIэтынымкIэ, абы текIуэнымкIэ иджыри зы лъэбакъуэ тчауэ жыпIэ хъунущ, - жеIэ лышх узыфэхэр джынымкIэ Урысей Федерацэм и лъэпкъ медицинэ IуэхущIапIэм и унафэщI, профессор, академик Кит Олег.

Ростов онкоцентрым а IэмалыщIэр щагъэунэхуакIэщ: роботыр дэIэпыкъуэгъу ящIри, илъэс 73-рэ хъу цIыхухъум простатэктомие (лышхым иубыда простатэр кърахащ) операцэ хуащIащ. ЗыщIар уролог Iэзэхэу Шевченкэ Алексейрэ Хван Викторрэщ.

- Мыпхуэдэ операцэхэр пхуегъэкIуэкIынущ ныбэр зэгуэбгъэжуи, лапароскопиекIи, робот-хирургкIи. Сымаджэщыр къызэрызэгъэпэща Iэмэпсымэхэрщ псори зэлъытэжар. Сэ а псори згъэунэхуащ икIи, сызэригугъэмкIэ, робот здагъэIэпыкъуурэ ирагъэкIуэкI операцэр нэхъ пэжщ, нэхъыфIщ. Сыту жыпIэмэ, мы Iэмалым кIуэцIфэцIыр нэхъ хуиту уегъэлъагъу, щыуагъэ хэмыту, сэр лейуэ сысынущ жыпIэу умыгузавэу, уоIэбэ, лышх шыкъырыр къыхыбогъэжыкIыф, е екIуэжкъым. Абы къыдэкIуэу, сымаджэр псынщIэу къызэфIоувэж, операцэр къехьэлъэкIыркъыми, - къыхигъэщащ Шевченкэм.

Гу лъытапхъэщи, ныбэм гъуанэ зытIущ фIэкIа хуамыщIу роботым операцэр ирегъэкIуэкIыф. Абы и пэм видеокамерэ пылъщи, ныбэм пкъыгъуэу илъыр хуиту уегъэлъагъу, уэздыгъэ игъаблэурэ кIуэцIыр къегъэнэху. А гъуанэхэмкIэ зыхуеину Iэмэпсымэхэр кIуэцIым ирагъэувэри, хирургым операцэр джойстиккIэ (Iэгуэм ихуэ Iэмэпсымэ, сымаджэм бгъэдэмыхьэу, абы и кIуэцIым ирагъэува Iэмэпсымэхэр зригъакIуэу) ирегъэкIуэкI. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ящIа япэ операцэр хъарзынэу зэфIэкIащ, сымаджэр щIатхыкIыжыну ягъэхьэзыр.

Фырэ Анфисэ.

 

 

Поделиться: