Къэбэрдей прозэм и гъатхэ

 

 

ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и «Софят и гъатхэ» повестыр япэу дунейм къытехьащ 1954 гъэм. Лиризм берычэткIэ зэщIэгъэпса а повестым хужаIэу щIадзэ "къэбэрдей прозэм и гъатхэри",  дахагъэ нэсым и щапхъэри, гурыщIэ къабзэм и тепщэри, псэукIэ къэщIэращIэм и гимнри, нэгъуэщI псалъэ куэди. Повестыр занщIэу хэIущIыIу мэхъу, ди къэралым и лъэпкъыбэ литературэр а лъэхъэнэм зэрыгушхуа щапхъэхэми хабжэ, ехъулIэныгъэ мыжыжьэхэм я япэ нагъыщэри траIуэ.  Абыхэм фIыуэ, гурыIуэгъуэу тепсэлъыхьащ критик, литературовед  Сокъур  Мусэрбий.

Зэман хьэлъэщ Софят дыщрихьэлIэр - зауэ нэужь илъэсхэрщ. ЦIыхухъуми хуэмышэчыным хуэдиз гугъуехь Iуоуэ а цIыхубз ныбжьыщIэр.

Дыгъуасэ хуэдэщ ар и анэм и кIэ къуагъ щыкъуэсар. Нобэ IэнатIэ гугъу дыдэ бгъэдэхуащ. Пасащэу балигъ хъуа цIыхущ ар, щIалащэу зыхищIащ гъащIэм и гугъусыгъухэр. ИтIани дзыхэркъым, къызэфIэщIэркъым а пщащэ гу пцIанэр, нэпс щIигъэкIын хуей хъумэ, фэбжь къытехуэми, игу хэщIми, гъуэгум дидзыхыркъым, и къабзагъэмрэ и цIыхугъэ дахэмрэ сыт хуэдэ гугъуехьми пхрехыф. Езы тхакIуэми егъэщIагъуэ а пщащэ цIыкIум и лъэщагъыр. Дэнэ къриха абы апхуэдэ къару? Сыт ар гугъуехьхэм пхырызышыфыр, и дамэр зышэщIыр сыт хуэдэ къару? Апхуэдэ упщIэ куэдым я жэуапщ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и повестыр.

Прозэм къыщиIэт Iуэхухэр Iэдэм бгъэдыхьэкIэ гъуэщIэгъуэнкIэ зэпкърех: къару зэпэщIэувэхэм я зэрыдзапIэ конфликтыр абы дапщэщи налъэ IэджэхэмкIэ зэхэухуэнауэ, зэхэгъэшыпсауэ, къэгъэшып1эхэр и куэду къызэпкърех, конфликтыр къэIуатэ гъущэхэмкIэ къимыгъэлалэу, атIэ езыр-езырурэ зыкъитIатэ щIыкIэу йокIуэкI.

         "Софят и гъатхэ" повестыр лирическэ макъамэ гуапэкIэ гъэнщIащ. А макъамэхэм хыболъагъуэ тхакIуэр зи гугъу  ищI Iуэхум, и лIыхъужьхэм зэрахущытыр. Псэм хуэдэу фIыуэ елъагъу тхакIуэм Софят, ар щыгуфIэкIэ мэгуфIэ, абы игу хэщIу щилъагъукIэ езы тхакIуэми игу хощI. ТхакIуэр ноплъыс цIыхум и гущIэм, а гущIэм щызекIуэ  гурыгъу-гурыщIэхэр сэтей ещI. Софят укIытэхщ, псалъэм и нэхъыбэр щрикъухыж куэдрэ къохъу. Абы щыгъуэм тхакIуэм пещэ пщащэ укIытэхым и псалъэм. А псалъэр апхуэдизкIэ уэру къобгъэрыкIуэри, Софят и бгъэр къызэгуичыным хуэдизщ: трактор бригадэм кIуэну нэмэзым ежьа пщащэм «гъуэгури фIэкIыхьщ, шитIым зэрахьри фIэхуэмщ; ярэби, сыту гувэрэ-тIэ ар, зэ мыгъуэ мо мотор макъыр къызэхихащэрэт, а унэ цIыкIури … дэнэ щыхэт!».

         Софят и гущIэм щыуша макъамэхэм дыщIегъэдэIу тхакIуэм, абы и псэм зэрызиIэтыр, и гур гуфIэгъуэм зэригъэнщIыр нэрылъагъу тщещI. Узымрэ диным и лъэхъумрэ къыщыIэщIэкIа пщэдджьыжьым мыпхуэдэу дегъэлъагъу тхакIуэм: «Софят и гум, борэным хуэдэу, щызэрызохьэ гупсысэр, ар абыхэм яIэт, нэхъри ягъэгушхуэ. Куэдрэ ныкъуэкъуа, елIалIэу ебэна нэужь, текIуэныгъэшхуэ къэзыхьам и гухэхъуэт а пщащэм и бгъэм иджы щызэрыIыгъыр…».

Тракторист ныбжьыщIэм и образыр лъабжьэ хуэхъуами, ЩоджэнцIыкIум и повестыр абыкIэ къызэтеувыIакъым. Повестым IупщIу къыхощ колхозыр зауэ нэужь илъэсхэм зыIута IэнатIэр. Ди нэгу щIокI нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэхафыщIа колхозым и махуэ хьэлъэхэр. Хьэзэбищэр игъэвурэ къызэфIоувэж ар; абы къыдотэджыж зауэм зи гур хигъэщIа мэкъумэшыщIэхэри. Зыгуэр зыхэмыщIа унагъуэ къелагъэнкъым зауэ бзаджэм: хэт и адэ, хэти и дэлъху е и къуэш зэуапIэ губгъуэм къинащ.

         Софят и дэлъхури хэкIуэдащ зауэм. Зэгуэр ар тракторист- мэкъумэшыщIэу щытащ. Иджы абы и пIэ йоувэ и шыпхъу цIыкIур - Софят. Софят хуэдэ Iэджэ къащIэтэджащ зауэлI кIуэдахэм - дыгъуасэ  губгъуэм ита мэкъумэшыщIэхэм. Долъагъу кIуэдахэм я пIэ иува ныбжьыщIэхэм я нэпсыр хуэм-хуэмурэ зэрыгъущыжыр. КIыжыгъуафIэкъым уIэгъэр, хэгъуэщэжыгъуейщ зауэм и фэбжьыр. Абы гу лъыботэ а щIэблэм узэрыIуплъэу. Софяти абы и ныбжьэгъу пщащэхэми куэдрэ нэщхъейуэ уаIуощIэ;  я гукъеуэр яIуэтэн укIытэркъым ахэр, я закъуэ щыхъукIэ я нэпсым къыщызэпижыхьи я псэр къыщызэфIэзэрыхьи къохъу. Губгъуэм ит вакIуэхэм - Хьэжпагуэ, Мурид сымэ, нэгъуэщIхэми жэщкIэ зыщамытIэщIыххэр нэхъыбэщ, апхуэдэ хущIыхьэгъуэ яIэкъым абыхэм. Уеблэмэ я нэщхъыр зэхэлъ зэпытщ: апхуэдизкIэ я гур хэщIащи, зауэр зэращхьэщыкIрэ зыбжанэ щIами, нэжэгужэу щыщыта махуэхэр ящыгъупщэжа хуэдэщ.

         Я гур иудауэ хьэмэ я гугъэ гъащIэм хахыжауэ аракъым ахэр апхуэдэу ди пащхьэ къыщIиувар. АбыкIэ тхакIуэм жиIэну зыхуейр нэгъуэщIщ: IэнатIэ тынш бгъэдэувакъым ахэр, я фэм Iэджэ докI, Iэджэ ягъэв, итIани къызэфIэщIэркъым. ТхакIуэм и къалэмыпэм абыхэм я нэгур хуэм-хуэмурэ бзыгъэ щIохъукI. Нэ жанкIэ уакIэлъыплъмэ, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым Хьэжпагуэ и нэщхъым хуэм-хуэмурэ зэрызиIэтым, Мурид кIуэтэхукIэ нэхъ псэлъэгъуафIэ зэрыхъум, Софят, Аружан, Лусэ сымэ я гуфIэ макъыр нэхъ уэру къызэреблым.

         Тынш цIыкIуу къизэуфакъым Софят и насыпыр. Псалъэ дыджхэми, хабзэ мыхъумыщIэхэми, лэжьыгъэ хьэлъэми щхьэдэхэн хуейуэ къыщIэлът Софят, насыпымрэ мурадымрэ ялъэIэсын щхьэкIэ.

         Зи IэнатIэм псэ хьэлэлкIэ бгъэдэт, лэжьыгъэм итхьэкъуа, ар зи гурыфIыгъуэ цIыхум и щапхъэщ Софят. ЦIыхугъэ дахэмрэ гурыщIэ къабзэмрэ ухуезыджэ образщ ар. Нало Заур гу зэрилъытащи, «Софят повестым и лIыхъужь нэхъыжь къудейкъым, ар тхакIуэм къигъэщIа образхэм я нэхъ хьэлэмэт дыдэщ. Авторым а образым хилъхьащ езым нэхъ игъэлъапIэ цIыху щэнхэр, гупсысэхэр, гурыщIэхэр» .

ХАМЭ Фаинэ.

 

 

Поделиться: