КъБР-м и прокуратурэм

                 

                                               ЩыщIэныгъэхэр ягъэзэкIуэж

Шэджэм районым и прокуратурэм  къегъэув  кIэрыхубжьэрыху  быдэхэр зракIутэну контейнерхэр ягъэувыну.  

Район прокуратурэм  къипщытащ IуэхущIапIэхэм я пхъэнкIийхэм ехьэлIауэ  законым къигъэувхэр щIыпIэ самоуправленэм зэригъэзащIэр. КъызэрыщIэкIамкIэ,  районым и къуажищым щыIэкъым коммунальнэ кIэрыхубжьэрыху   быдэхэр зракIутэхэр.   

                   Районым и прокуратурэм  щIыпIэ администрацэхэм яхуигъэлъэгъуащ а хабзэншагъэхэр ягъэзэкIуэжыну  икIи  ар зи къалэнхэр  пхъэнкIийхэр зракIутэхэр  гъэувыным яужь ихьащ. КъыщIагъэща ныкъусаныгъэхэмкIэ къуаншэ къулыкъущIэхэр дисциплинарнэ жэуапым ирашэлIащ.   

 

 

                                      Зыгъэхьэзырар  УЭРДОКЪУЭ  Женящ.

Поделиться: