ЦIыху пэж

Къамыгупсыса хъыбар
(ЕтIуанэ Iыхьэ)
Илъэсым нэблагъэкIэ письмокIэ фIэкIа зэрыщIакъым Суфьянрэ Сергейрэ. Пощтзехьэм Суфьян письмохэр щэхуу къыхуихьырти, апхуэдэ дыдэу, езым ейхэри Iихыурэ иригъэхьырт. Тхыгъэм лъагъуныгъэ Iуэху фIэкIа щызэрамыхуэу щытар пцIыщ, дауи. Ухуейуэрамэ, лъагъуныгъэм абдеж щытепсэлъыхьыххэртэкъым ахэр. Ауэ письмо къэс и кIэм деж щIалэм: «Си псалъэм сытетщ!», - кIэщIитхэрти, Суфьян и жэуапым: «Сысейми сытетщ»,- питхэжырт. Арати, тIуми письмо къазэрыIэрыхьэу, япэщIыкIэ, иужьрей сатырым нэпсейуэ ирижэрти, зыхуейр ялъэгъуа иужьт адрейм еджэн щыщIадзэр. А илъэсым Сергей еджапIэр къиухырт, а илъэсым… А илъэсым зауэр къэхъеящ… Сергей IэщIагъэ зиIэ кхъухьлъатэзехуэти, «яхузэрымыгъэгъуэту» жыхуаIэм хуэдэу, зауэм дашри, япэ махуэм щегъэжьауэ мафIэм и курыкупсэм хэтащ. Суфьяни? Абы и адэм ныбжь иIэти, зауэм дашакъым, ар къуажэм щылэжьащ. Хъыджэбзым и гум щыщIар зыхуэдизыр вжесIэфынукъым, ар къэIуэтэгъуейщи.
Иджы письмом лъагъуныгъэ Iуэхур щынэхъыбэт. Суфьян итх псалъэхэм я закъуэтэкъым ар и псэгъум зэрыдэIэпыкъур, къуажэм нэмыцэхэр гъунэгъу къыщыхуэхъум, Инарыкъуей щыгухэм зауэ гуащIэ щекIуэкIащ-тIэ. ЩIымахуэ шылэм, я хъыдан вакъэр ящылэжьыкIауэ, окопэ къэзытIахэм яхэтащ Суфьян. Абы зигъэнщIыртэкъым ищIэмкIи хузэфIэкIымкIи. ХуэщIэрати, тIэрт, ар тIащ мылыр щхьэщиудрэ щIылъэ дияр къигъэбатэу.
Письмохэр увыIэртэкъым, ауэ иджы ахэр зытепсэлъыхьыр зауэратэкъым, атIэ я гухэлъырт. А зауэр зэхэзыублахэм Суфьянрэ Сергейрэ я деж къыщахьа гуэныхьым и закъуэ фIэкIа ятемылъами, ярикъунт…
БалигъыпIэ сиувауэ «Суфьян и чемоданкIэ» еджэу ди унащхьэм къыщызгъуэтыжауэ щыта ашык дахэшхуэм дэлът абыхэм зэхуатха письмохэр. Псори дэлът! СфIэцIыхугъэншагъэщ абыхэм къизджыкIамкIэ сывдэгуэшэну, ар си Iуэху зыхэмылъ гуэрщ, сызэреджам сыхущIегъуэжащ. Ауэ, зым седжэри, сыкъэувыIэжыфакъым. Иужьрей тхылъымпIэр щызэзгъэтIылъэкIаращ сызэрыгъым гу щылъыстэжар. Ар Суфьян итхыу зыщIыпIи иримыгъэхьу къэна письмот. Мы псалъэуха закъуэрат абы итыр: «Си псалъэм сытетащ, сытетщ, сытетынущ!». Езым зыхэвмыщIауэ, лъагъуныгъэ зэрыщыIэм шэч къытезыхьэ щыIэмэ, фи фIэщ фщIы, щыIэщ!
Суфьян и иужьрей письмор зыщIыпIи щIримыгъэхьар фщIэрэт? ЩIалэр хъыбарыншэу кIуэдауэ къэIуати…
Топышэ къэуам и къутахуэхэр Iэпкълъэпкъым хэз щыхъуам къелат Суфьян, иджырейм зэрыпэщIэтын Iэмал игъуэтыртэкъым армыхъу. Зигу кIуэщI цIыхум  и фэм хуэбзыщIыркъым. Хъыджэбзым и фэм зидзат. Пэжщ, ар гугъэрт, гугъэр хъуапсэм щыхуэкIуэжыр нэхъыбэу. Гугъэрт, сытыт абы нэгъуэщI къыхуэнэжыр?..
Зауэр иухати, цIыхухэм зэрыхъуу псэун щIадзэжащ. Апхуэдиз гузэвэгъуэ зыдэлъ жылэм, тегушхуэу, япэу хьэгъуэлIыгъуэ щызыщIари ящIэжыркъым иджы, ауэ пшынэр зыщыужа Iэпэхэм защидзей хуэдэ, япэу къэIуащ. Сыту хьэлъэ гузэвэгъуэ ущиIэм пшынэ макъ зэхэпхыну. Жылэдэсхэм я цIыхугъэр япэ ирагъэщри, ягу трагъэхуащ, абы етIуанэри ещанэри къакIэлъыкIуащ.
Махуэ гуэрым, Суфьян хищIыкI щымыIэу, лъыхъу къыхуагъэкIуащ. Я къуажэт, ицIыхурт, ауэ, шэч хэмылъу, апхуэдэ Iуэху къыкIэлъызэрихьэну Суфьян и пщIыхьэпIи къыхэхуакъым. Къазий и пхъур игъэтIысри, епсэлъащ. Иджы япэу зэадэзэпхъур апхуэдэ Iуэху тепсэлъыхьауэ арат. Адэм жиIащ хъыджэбзым и гъащIэр пщIэншэу имыгъакIуэмэ зэрынэхъыфIыр. Апхуэдэм деж адэ-анэм жаIэ хабзэ псомкIи еущиящ. И ныбжьрат е и пхъум и щытыкIэр къыгурыIуэрэт, ауэ Къазий куэдкIэ нэхъ щабэ хъуат. Суфьян зыри жиIакъым. Арэзыуэ и щхьэр ищIащ армыхъу. Сыти жиIэнт, дуней псор езым и закъуэ къыпэуват… Сергей псэууэ ищIамэ, ар арэзы хъунутэкъым. Зэи! Ауэ жьыгъэм къыхигъэзыхь адэ-анэр къыщолъэIукIэ, къуажэм я щIэнакIэм ущригъэшакIэ, гугъэ минхэр надэу къыщыпфIыщIэкIакIэ, нэхъыбэм жаIэм уедэIуэнрат къэнэжри, едэIуащ. Ауэ арэзы хъуным сыт хуэдиз къару Iиха абы…
Щэбэтрат фызышэр щытраухуари, къэсащ. Суфьян зыщахуэпыкIри пэш нэхъ жыжьэм щIагъэуващ (IэщхьэубыдыпщIэр нэхъыбэ хъун папщIэ, апхуэдэу ящI хабзэт). Къэхъу псоми и Iуэху лъэпкъ хэмылъ хуэдэ, хэджэразэу хэтщ Суфьян, абы хьэблэ хъыджэбзыр къохъуапсэри, къепщIэкIауэ къауфэрэзыхь, хэти мэгушыIэ, хэти мэшхыдэ, лъыхъур мэгувэри.
- Си адэм фыкъысхуеджэ, кхъыIэ! - Суфьян къыжьэдэлъэта псалъэм пэшым щIэтыр зэтригъэупщIыIуащ.
- Сыт жыпIар? - зыжьэу щIэупщIащ ахэр.
- Си адэм фыкъысхуеджэ!
- Ан-на, апхуэдэ къежьа иджы. ЛIыжьхэм яхэсу лэгъунлейм щIэс уи адэр сыт жытIэу къыщIэтшын?
- Си лъэIур къысхуэвмыщIэнумэ, сэ сыкIуэнущ, - жи мыдрейми.
«Алыхь, делэ дыдэ ди гугъэм мыр», - жаIэурэ зэхъуцэцэжу щIэкIри, Къазий щэхуу къеджащ.
Гузавэ и нэгум илъу къыщIыхьащ Къазий.
- СыдэкIуэфынукъым! Къызэуи сыукI. Сэ езым зысхуэукIыжакъым, - магъ хъыджэбзыр.
Зэи гу лъыфтакъэ, къуэ зиIэ цIыхухъум нэхърэ, пхъу зиIэр куэдкIэ зэрынэхъ гупцIанэм. Къазий ар къыщыгурыIуар а дакъикъэрщ. Псалъэ жиIакъым, зигъазэри щIэкIыжащ армыхъу. Лъыхъу тешанкIэр нэщIу, пшынэр макъыншэу дэкIыжащ. Унагъуэр дэнэ къэна, лъэпкъым дежкIи напэтехт ар, уеблэмэ псалъэмакъышхуэ къикIынри хэлът, ауэ, Къазий къыфIэлIыкIри, зызэтрауIэфIэжащ. Абы яужь хьэблэ фызым хъыбару кърахьэкIари урикъуни… Благъэм Суфьян и фэм дахари мащIэ? Ныбэжьхэ я къуэм къигъэпцIауэ жаIэу фIей мащIэ «кърапхъыха» абы. Ауэ, ар жызыIахэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ къабзэт а зыхуэпсалъэр. Лъэпкъыр IуигъэкIуэту, быныр япэ изыгъэща лIыр, дауи, хущIегъуэжатэкъым (апхуэдэлIтэкъым ар), ауэ абы зыхимыщIэу къэнэнт лъэпкъым къыхуищI пщIэмрэ гулъытэмрэ куэдкIэ, куэд дыдэкIэ нэхъ мащIэ зэрыхъуар.
Поделиться:

Читать также: