«Бзу хужь»

МэшбащIэ Исхьэкъ и усэхэмрэ и прозэ тхыгъэхэмрэ куууэ щыпхрышащ къызыхэкIа лъэпкъым и зэхэщIыкI-гупсысэр, хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр, абы и тхыдэр. МэшбащIэм и тхыгъэхэм щызэпкърех цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр, и псэкупсэ дунейр икIи щегъэлъапIэ цIыхугъэр, пэжыгъэр, дахагъэр.
И сюжеткIи ухуэкIэкIи, къыхэщ образхэмкIи МэшбащIэм и тхыгъэ псоми къащхьэщокI «Бзу хужь» тхыдэ повестыр. ПIалъэкIэ абы къызэщIеубыдэ адыгэм и блэкIа нэхъ шынагъуэ дыдэм – Кавказ зауэм и лъэхъэнэ лъыкIпсыкIым – щыщ пычыгъуэ (1859-1866). 
«Бзу хужь» повестым и кIуэцIкIэ Исхьэкъ зы унагъуэм, нэхъ пэжу жыпIэмэ зы сабийм и гъащIэр къещтэри, щыгъуазэ дыхуещI зауаем и зэманым адыгэхэм я нэгу щIэкIа гузэвэгъуэхэм, ягъэва гугъуехь-бэлыхьым. Тхыгъэм и пэщIэдзэм деж тхакIуэм къегъэлъэгъуэж зыхалъхуа зэман бзаджэм и удын хьэлъэхэр зыр зым кIэлъыкIуэу зытещащэ сабийм – IэфIыпсэ – и зэхэщIыкIыр, дуней еплъыкIэр, акъылыр гугъуехь мыухыжхэр пылъу зэрызэфIэувэр. IэфIыпсэ и нэгу щIокI адэ-анэр бийм зэрыIэщIэкIуадэр икIи ахэр зыукIа бийм езыр къещтэри урыс полкым ехь. 
АдэкIэ тхакIуэм къегъэлъэгъуэж IэфIыпсэ урысыдзэм щрихьэкI гъащIэ гугъур, и гум щыщIэхэр, и щытыкIэр. Сабийм и зэхэщIыкIым къитIасэркъым къэхъуар: цIыхум цIыху щIиукIыр, и адэ-анэм къыщIыкIэрачар, хамэ цIыхухэм я гъусэу псэун хуей щIэхъуар. Гузэвэгъуэшхуэ зи нэгу щIэкIа сабийм дунейми, гъащIэми, цIыхухэми лъагъумыхъуныгъэ яхуиIэт, псоми гущыкI яхуищIат. А зэман хьэлъэм абы дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуар, и дзыхь нэхъ зригъэзар, и гуауэр зрихьэлIар Нижегородскэ полкым и пщафIэ лIыжь Федор Данилович Анаскевичырщ. Ар илъэсибгъукIэ шэрджэсхэм гъэру яIыгъати, адыгэбзэ ищIэрт, адыгэ шхыныгъуэхэр ипщэфIырт, нэхъыщхьэрати, IэфIыпсэ и щхьэм гуапэу Iэ къыдилъэрт.
Тхыгъэм и сюжетыр щхьэхуэу къапщтэмэ, абы пIалъэ кIыхь къызэщIиубыдэркъым: ищхьэкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи – илъэсибл къудейщ. IэфIыпсэ и гъащIэ гъуэгуанэ кIэщIымкIэ тхакIуэм къегъэлъэгъуэж илъэсищэкIэ екIуэкIа Кавказ зауэжьым адыгэхэм къахудэкIуа мыгъуагъэхэр. 
IэфIыпсэ и хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр сыт нэхъри нэхъ куут икIи нэхъ гуащIэт. Ар Нижегородскэ полкым и быдапIэм «щыдаубыдами», залымыгъэкIэ чристэн диным щрагъэхьами, и цIэ дахэр МариекIэ (МашэкIэ) щахъуэжами, адыгэ пщащэу щытыныр зыми къыпиубыдыфакъым. ИгукIи и псэкIи ар адыгэт, къызыхэкIар ищIэжырт, и зэхэщIыкI-гупсысэр адэжь щIыналъэмкIэ къэгъэзат, зыщIэхъуэпсри абы зэ закъуэ нэхъ мыхъуми къигъэзэжынырт. 
ТхакIуэм гъэщIэгъуэну повестым хиухуэнащ IэфIыпсэ муслъымэн динымрэ чыристэнымрэ и гур зэрыщызэпекъур. Псом нэхърэ нэхъыфIу илъагъу Федор Данилович и хьэтыркIэт ар чыристэн диным ихьэну арэзы щIэхъуар. IэфIыпсэ пщафIэ дадэм жриIэрт езым и зэранкIэ щоджэн Георгий къешхыдэну зэрыхуэмейр, абы къыхэкIкIи ар дадэм елъэIурт чыристэн диным ихьэн папщIэ ищIэн хуейхэм нэхъ псынщIэIуэу иригъэсэну, хуригъэджэну. Ауэ абы щыгъуэми, езым и сабий акъылкIэ къыгурыIуэрт, и сабиипсэм зыхищIэрт, сыт къэмыхъуами, ар адыгэ пщащэ нэсу къызэрынэжынур, и адыгэпсэр зэрихъумэнур. Абы щыхьэт техъуэ, наIуэ къэзыщI Iуэхугъуэ куэд къыхощ «Бзу хужь» повестым. Псалъэм папщIэ, абыхэм языхэзщ IэфIыпсэ и гуащэхэм ехьэлIа теплъэгъуэр. IэфIыпсэ гуащитI иIэт. Зыр генерал Граббе къыхуищэхуа Машэт, адрейр адыгэ гуащэ Цырацэт. Хъыджэбз цIыкIур щыджэгукIэ Машэ зи цIэ гуащэр урысыбзэкIэ Тхьэ иригъэлъэIурт, Цырацэ «къулъхуолэ» къригъэбжырт. 
«Дуней хъурейр ятIагъуэ цIынэ IэшкIэ къудейщ, абы уи адэшхуэхэм ягъэхуэба щIыналъэ мащIэ хэмылъмэ, уи гъащIэр зы гъунэ гуэрым щынэсым деж ар нэгъуэщIхэм яIэщIэплъхьэжын хуэмеймэ», – жиIауэ щытащ 1905 - 1967 гъэхэм Тыркум щыпсэуа, иужькIэ зи хэкум къэзыгъэзэжа МахуэлI Рэмэзан. А гупсысэрщ МэшбащIэм и «Бзу хужь» тхыдэ повестым и кIыхьагъкIэ щыпхрышари. ТхакIуэм, адыгэм и тхыдэр архив дэфтэрхэмкIэ щIиджыкIыжурэ, езым и щхьэкIэ игъэунэхуам хуэдэу зыхищIащ Кавказ зауэжьымрэ мухьэжыракIуэмрэ лъэпкъым къахудэкIуа насыпыншагъэр. Аращ абы «Бзу хужь» тхыдэ повестым и сэбэпкIэ адыгэм и тхыдэ гукъутэр художественнэ Iэзагъ ин хэлъу къигъэлъэгъуэжын щIыхузэфIэкIари. Тхыгъэм и сюжетыр тхакIуэм зэрызэхуищIыжыр IэфIыпсэ и лIэныгъэмкIэщ. Ауэ гурыIуэгъуэкъым а пщащэм и кIуэдыр къызэрыкIа узыфэр. «Ар и гукъэкIыжхэм щIэх-щIэхыурэ яхьыж хъуат Шэрджэсым. IэфIыпсэ ищIэртэкъым «зэш» псалъэр, ауэ ар ищIэрт и гум. Хэкум хуэзэшыныр - абы сыт щыгъуи пкърытт, гукъэкIыжхэм гур ягъэпIейтейт, узыфэ бзаджэ абы къыщызэщIагъавэу…»
IэфIыпсэ и узыр япэу къэзыхутэфар Нижегородскэ полкым и дохутыр Сергей Петровичщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, IэфIыпсэ къеузыр Шэрджэсым зэрыхуэзэшырт. Ар зэрыбгъэхъужыфыну щыIэри зы Iэмалт - IэфIыпсэ и хэкум игъэзэжу и лъэпкъэгъухэм яхэсу псэун щIидзэжынырт. Ауэ адыгэхэм яхэзэгъэжыну пIэрэт зэгуэр чыристэн диным ихьэу урысыцIэ къэзыщта пщащэр? Езы IэфIыпси джауру зыкъыщилъытэж куэдрэ къэхъурт…
ЗэрыщIалэ дыдэми, зэрыпщащэ дэIэпыкъуэгъуншэми, хамэщI зэрыщыпсэуми, хамэ цIыхухэм къызэраухъуреихьми емылъытауэ, IэфIыпсэ и лъэпкъ зэхэщIыкIыр, и бзэр, хэку лъагъуныгъэр къигъэщIа гъащIэ мащIэм (илъэс 16) къриубыдэу зэрихъумэжын къару къылъыкъуэкIащ.
МэшбащIэм хузэфIэкIащ лъэпкъым и тхыдэ лъыкIпсыкIым ехьэлIа темэр сюжет щIэщыгъуэкIэ къигъэлъэгъуэжыныр. Псом фIэкIыжауи, къыхэгъэщыпхъэщ «Бзу хужь» тхыдэ повестыр, адыгэ литературэм и мызакъуэуи, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэми дунейпсо литературэми и хэлъхьэныгъэ нэс зэрыхъуар. 

 

Гугъуэт Лидэ.
Поделиться:

Читать также: