Уэркъыр быдэнкIэ Iэмал иIэкъым

  Абхъазым и лIыхъужь, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Мэрзей Аслъэнбэч дызэрыт зэманым Абхъаз университетым щрегъаджэ. Лекцэхэм яз теухуат Кавказым уэркъ хабзэм зэрызыщиубгъуамрэ зэрыкIуэдыжамрэ. 
     Уэркъхэр я къалэныр цIыхум къыдалъхуа хуитыныгъэм къыщхьэщыжынырщ, зыми лей къытемыгъэхьэнырщ, Мэрзейм зэрыжиIэмкIэ. ГъащIэ кIыхь къагъэщIэну, мылъкушхуэ зралъэфэлIэну, къалъысыр зыIэщIамыгъэкIыну – апхуэдэ хьэлхэр яIэххэтэкъым уэркъхэм. Лъэпкъ куэдым я тхыдэм къыхэщ мы хабзэм бзэ къэс цIэ зырыз щиIэжщ: «рыцарь», «аристократ» псалъэхэр я мыхьэнэгъущ «уэркъ» псалъэм. 
     Я щIэблэм уэркъ хьэл яхэлъу къагъэтэджын папщIэ, адыгэхэм IэмалитI къагъэсэбэпу щытащ: зыр – атэлыкъ хабзэр, адрейр – хьэщIэщ зэхэтыкIэр. «Сыт хьэщIэщыр зищIысыр?» - егъэув егъэджакIуэм упщIи, езым жэуап иретыж: ар «цIыхухъу клуб» жыхуаIэм хуэдэу арат. НэхъыщIэр – нэхъыжьым, сабийр – балигъым дэплъеину Iэмал щиIэ зэхуэсыпIэ. Атэлыкъыр щхьэхуэу зы щIалэм елIалIэтэмэ, хьэщIэщым зэрыжылэу игъасэрт. ТхылъымпIэм темыт хабзэм кIуэдыжыпIэ къезымытыр арат. 
     Тхыдэджхэм я жыIэгъуэ шэрыуэхэр, хьэлыншагъыр зэтриубыдэу, жылэм щызэIэпах псэлъафэхэр, езым и нэгу щIэкIа гъащIэ щапхъэхэр – а псори сэбэп хъурт Мэрзейм и псалъэр студентхэм я гум нэсын папщIэ. Абхъазым и лIыхъужь щIэныгъэлIыр иджы зауэм къыдыхэтахэм я щIэблэм егъэджакIуэ зэрахуэхъужам нэхърэ нэхъ щапхъэ IупщI къэлъыхъуэн хуей къыщIэкIынкъым Мэрзейр зытепсэлъыхь уэркъыгъэр иджыри зэрыпсэур уи фIэщ хъун папщIэ.   
   Уэркъ хабзэм теухуа псори Iыхьэ зыбжанэу пхуэгуэшынущ,- жеIэ щIэныгъэлIым. Нэхъ гъэщIэгъуэну лекцэм хэта Iыхьэхэм язщ егъэджакIуэр уэркъым хэлъыпхъэ хьэлхэм щытепсэлъыхьар. 
  I) Псэ хьэлэлу, цIыху махуэу щытыныр. Мыбы куэд хохьэ, псалъэм папщIэ: напэ, цIыхугъэ зыщIыгъу лIыгъэ. Хахуагъым нэхърэ нэхъ лъапIэ щыIэкъым, ауэ абы езы уэркъыр тепсэлъыхь хабзэкъым. ЗыкъыпфIэщIыжыныр, узыщытхъужыныр – емыкIущ. Хуитыныгъэр фIыуэ илъагъуныр, пщIэрэ щIыхьрэ хэлъыныр, и псалъэм тетыжыныр фIэкIыпIэ зимыIэщ уэркъым дежкIэ. Жумарту, хьэлэлу щытынри абы хохьэ. Уэркъыр быдэнкIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдэ хьэл зыхэлъыр цIыху къызэрыгуэкIхэрщ. ХъунщIэтеуэхэм къыщаугъуей къуентхъ псори пщы-уэркъхэм езыхэм я унафэ щIэт мэкъумэшыщIэхэм, фызабэхэм, зеиншэхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм хуагуэшу щытащ. Зыри я IэмыщIэ къранэртэкъым. 
   2) Бэшэчу щытыныр. Уз, щIыIэ, мэжэщIалIагъэ – абыхэм утепсэлъыхьын къудейр яфIэнапэтехт. «СомэжалIэ», «щIыIэм сес», «уей, дедзэкъами хъунутэм», жиIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым уэркъ щауэм. 
   3) Гуапагъ, къабзэлъабзагъ, псэемыблэжыныгъэ. И псэ емыблэжкIэ узэджэнур езым нэхърэ нэхъ къарууншэу цIыхубэм яхэтым и Iуэхур япэ иригъэщу, зэхэтыкIэр узыншэу къызэтезыгъанэрщ. Уэркъыр зауэлIщ. И Хэкум щхьэкIэ зи псэ зытхэм я япэ сатырым итщ ар. 
   4) Гум щыщIэр убзыщIыфын. Псом хуэмыдэу ар Къэбэрдейм щыемыкIут. 
   «Зызэман Къэбэрдейм абазэ куэд къитIысхьауэ щытащ. Абы иса цIыху мини 300-м щыщу 20 фIэкIа къэнэжатэкъым. ХэкIуэдахэм я нэхъыбэр пщы-уэркъхэт. Арати, иужьрей пщы уэлий Кушыку Жанхъуэт щIыналъэр ихъумэн папщIэ, абазэ къуажэхэр къызэхикIухьурэ, цIыхухэр къэбэрдей къуажэхэм игъэIэпхъуащ, унагъуипщI зэрысам деж унагъуэ 20 иригъэтIысхьэу. Иджыпсту къапщтэмэ, Къэбэрдейм и Iыхьэ щанэм щыпсэур абазэ лъэпкъым щыщщ. Лъэпкъри щIыпIэри ихъумэн папщIэ, ар Iущу пщым ищIа Iуэхущ. Абы къыхэкIыу, Iэнэм бгъэдэс гуэр ирихьэжьэу, къипкI-къилъу псэлъэн щIидзэмэ, нэхъыжьхэм занщIэу «уи абазэныр щыгъэтыт» жраIэрт. Къэбэрдейхэм я хабзэр псом нэхърэ нэхъ ткIийт гурылъыр наIуэ къэмыщIын IуэхукIэ. Уигу иримыхьын гуэр къыбжаIами, къохъурджауэIами, пшэчын хуейт», - жеIэж Мэрзейм. И псалъэм и щыхьэту, Аслъэнбэч гунэсу зэпкърех «тэмакъкIыхь» псалъэм и мыхьэнэр: «ТэмакъкIыхь» жаIэ къэбэрдейхэм: губжьыр гум нэсыху, тэмакъым и кIыхьагъкIэ ирикIуэху упщIыIужу, цIыхум зыхущIемыгъуэжын унафэ акъыл зэгущкIэ ищIын хуейуэ аращ». 
      Хьэл псори къызэщIэзыубыдэж Iэмалу уэркъыгъэм хэтщ «мардэ» жыхуаIэр. Адыгэхэм фIыуэ къагурыIуэрт сыт хуэдэ хабзэми ар къыщезэгъ 
зэманрэ щIыпIэрэ зэриIэр. Абы утеплъэкъукIмэ, хабзэм я нэхъ дахэри хабзэншагъэм хуэкIуэнкIи хъунущ. ЛIыгъэр – гущIэгъуншагъым, щIыхьыр – щхьэхуещагъым, цIыхум пщIэ хуэщIыныр – Iужэжэным, уи щхьэм пщIэ хуумыщIыжыным, жьакIуагъыр – зыкъыфIэщIыжыным хуэмыкIуэн папщIэ, псоми я гъунапкъэр пщIэуэ щытын хуейщ. Уи пщIэмрэ уи напэмрэ ущыхуэсакъыжкIэ, адрейхэм я пщIэмрэ я напэмрэ уебгъэрыкIуэ хъунукъым. 
     5) ПсэлъэкIэ шэрыуэ, жьакIуагъ. Уэркъыр жьакIуэ хъун папщIэ, абы ухуезыгъасэ Iэмалхэр къагъэщхьэпэрт. ЗекIуэ зэманыр щIалэгъуалэм уэркъ хэщIапIэхэм щрахьэкIыу щытащ, зэуэкIэ зрагъасэу. ЩIалэхэр гупитIу ягуэшырт, щIызэдэуэн гуэр къыхуагупсысырти, дэтхэнэ лъэныкъуэми езыр зэрызахуэр пхигъэкIын хуейт. ХьэщIэщми хасэхэми ар я нэгу щыщIэкI зэпытти, щIалэхэм зыдэплъеин щапхъи яIэт. Уэркъым хуэфащэтэкъым псэлъэкIэмыщIэу щытыныр. Усэ зэхэлъхьэкIэ, уэрэд усыкIэ, шыкIэпшынэ еуэкIэ  зригъэщIэнми трагъэгушхуэрт щауэхэр. ХьэщIэщым шыкIэпшынэ фIэлъ хабзэт, пщы-уэркъхэми зекIуэ щIыкIуэкIэ къыздрахьэкIыу щытащ ар, Iуэху екIуэкIам теухуауэ уэрэд зэхалъхьэжу. 
   6) ШыIэныгъэ. ПсэлъэкIэкIи, хьэлкIи, зыхуэпэкIэкIи шыIэныгъэ пхэлъыныр хабзэт. Нэм къыфIэнэу зихуэпэныр емыкIут уэркъым дежкIэ, уеблэмэ езым пщIэ къыхуащIу утыку щрашэм деж нэгъунэ. ИлъэситIкIэ къэбэрдейхэм гъэру яIыгъа урыс тIасхъэщIэх Торнау Фёдор итхыжырт: «Апхуэдиз лIыгъэ зыхэлъ адыгэхэм зыщытхъужыныр егъэлеяуэ ягъэемыкIу. Нэхъ хахуэ дыдэу яхэтхэри щэхуу мэпсалъэ, я тIысыпIэр япэ къэсым иратынущ, къедауэм худачыхынущ. Ауэ Iуэхур и нэм нэсмэ, зэуэ захъуэж: зыгъэлIи, зыгъэкъи хэмыту, я напэ тезыхам напIэзыпIэм IэщэкIэ жэуап ират». 
   7) ХьэщIэхуэфIу щытыныр. Уэркъ къэс хьэщIэщ иIэну и къалэнт. 
    «Нобэ зи гугъу тщIа уэркъ хабзэр гъуэгум текIуэтауэ щыт щхьэкIэ, ар цIыхухэм къыщаIэтыжыну зэманри къэсынущ. ЦIыхубэр абыхэм яхуэныкъуэнущ. Иджыпсту дызытепсэлъыхьа хьэл псори хэлъу щытащ Абхъазым и япэ президент Ардзинбэ Владислав», - а псалъэхэмкIэ иухащ егъэджакIуэм и лекцэр. Абы дыщIыгъужыпхъэщ езы егъэджакIуэри зытепсэлъыхьам и щапхъэу къызэрылъытэр, щIэныгъэри уэркъыгъэри зэIэпэгъуу къызэдезыхьэкI щапхъэ закъуэтIакъуэу адыгэ жылэм зэрыхэтыр. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: