ЦIыху пэж

Къамыгупсыса хъыбар
(Ещанэ Iыхьэ)

Къазий цIыху IэпщIэлъапщIэти, пщIантIэм щыпэщащэрт, жыг фIыуэ илъагъурти, я щIапIэм пхъэщхьэмыщхьэ жыг къригъэтIысэкIырт. ЖыпIэнуракъэ, зэхурикъужырт унагъуэр. ЛIыжьыр кхъэм кIуэрей хъуат, къуэм и сыным Iэ дилъэрт, абы и бгъум деж къиубыда щIы Iыхьэхэр игъэкъабзэрт. ИщIэ къыщIэкIынт…
ЗэщхьэгъуситIри зэкIэлъыкIуэжащ. Сергей зэрыкIуэдам и хъыбар щызэхихам, Суфьян и бгъэгур кърисыкIыу мафIэ гуэрым илыпщIамэ, иджы и дамитIри гуахам ярейуэ, и плIэр хьэлъэу узырт. Адэ-анэр зыхуей хуигъэзэжу и закъуэ   унэ нэщIым къыщIэна Суфьян и дэлъхум и пIэ езыр итыну, абдежщ япэу щыщIэхъуэпсар. АрщхьэкIэ… Гугъэ закъуэ къыхуэнам, аргуэру гъащIэм гу хуригъэщIыжащ. Хъыбарыншэу кIуэда Iэджэ къыкъуэкIыжауэ зэхихати, арат ари зыщыгугъыр.
Унэри пщIантIэри къызэинэкI цIыхубз щхьэзакъуэр тегушхуэри, Налшык дэт завод инхэм язым уващ, къуажэм кIуэжырт, адэжь пщIантIэри зэрихьэрт, ауэ и шыпхъу закъуэм фIэкIа абы къыкIэлъыджэ щIагъуэ щыIэтэкъым. Къылъыс хабзэ Iыхьэр благъэм яхуищIэми, къызэрамыпэс-къызэрамыпэсу къыхузэкIэщIэплъырт. Заводым зэрыщылажьэрэ илъэс бжыгъэ гуэр щрикъум, фэтэр куэду зэхэт унэхэм ящыщ зым пэш къыщратащ Суфьян. ГъащIэр и пIэ изэгъэж хуэдэт, ауэ Сергей… Сергей хъыбар а зэримыIэт. Адэ-анэми, благъэ-Iыхьлыми гъеин яухат ар, ауэ зымыгъеижыххаи щыIэт…
* * *
Iэджэ, Iэджэ къылъыхъуащ Суфьян, ауэ хэIущIыIу имыщIу IуигъэкIуэтыжащ армыхъу. Хэт къемылъэIуами, дауэ яужь къимыхьами, зыми яхуеплъакъым.
Лъэпкъым фIыуэ ялъэгъуакъым ар зэи, я напэ трихауэ къалъытэрти, ауэ мащIэщ егупсысар абы хэлъа лIыгъэм. Пэжщ, цIыхухъуу къалъхуамэ, нэхъ тыншыну къыщIэкIынут ар, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы хэлъа къарумрэ шыIэныгъэмрэ бзылъхугъэм дежкIэ бэIуэт…
Илъэс 80-м щхьэдэхыху псэуащ Суфьян. Лъэпкъым щыщу, езым зыкIэлъыкIуэн хуейуэ игъэува (къызэрыхущытым трищIыхьу арагъэнт) унагъуэ зыбжанэм къищынэмыщIауэ, си анэшхуэм и шыпхъур ди дежи къакIуэрт. И анэкъилъху закъуэр илъэс куэдкIэ Iэрызехьэу зезы-хьа си анэр Iыхьэлейуэ фIыуэ илъагъурт, сабийхэр IэфIыкIэкIэ дигъэтхъэжырт. Ауэ нэхъ балигъ сыхъуа иужькIэщ сэ гу щылъыстар, сыт хуэдизкIэ и гуапэ пщIы-ну яужь уимытами, угъурлыгъэр къызыщIих нащхъуэ цIыкIухэр зэрынэщхъейм. Ар куэдрэ зауэм тепсэлъыхьырт, абы Iисраф ищIа и лъакъуэхэр дигъэлъагъурт. ИужькIэ сэ куэдрэ сегупсысащ апхуэдиз дыркъуэ зи лъакъуэм тетам, и гум телъар зихуэдизым?..
НэщI мазэ къэсыху, Суфьян и адэр игу къигъэкIыжырт, махуэ псом нэщIауэ щыхамыгъэщхьэжар къытригъэзэжурэ къыджиIэжырт. Дэри дгъэщIагъуэу дедаIуэрт, ауэ и адэ-анэм я гугъу пщIыуэ идэнутэкъым. Апхуэдэ мазэхэм ящыщ зым, махуэм и хуабэгъуэу, Суфьян си анэр зыщIигъущ, кхъэм кIуэри, и унагъуэм я сынхэр иригъэлат. И дэлъхум и фэеплъ закъуэу къэна сабий сыным Iэ щыдилъэм, «еее, си дэлъхужь, сэ сылIэу уэ укъэнами нэхъыфIти!» — жиIащ аргуэру хуэмышэчу…
НэхъыфIыныр Алыхьым ищIэнщ, ауэ къалъху псори лIы хъурэ тIэ?!…
Щомахуэ Залинэ.
Поделиться:

Читать также: