Зэманым наIуэ къищIащ

Кавказ зауэм и лъэхъэнэм адыгэхэм я щхьэм кърикIуам тетхыхьыжащ тхыдэдж, щIэныгъэлI, тхакIуэ куэд. Абыхэм ящыщ зыщ публицист, журналист Абрамов Яков. Урыс пащтыхьыгъуэм ХIХ лIэщIыгъуэм Кавказым щригъэкIуэкIа политикэм кърикIуэу бгырыс лъэпкъхэм я лъахэр къабгынэныр къызыхэкIамрэ абыхэм я щэнхабзэр зэрыкIуэдамрэ пэжым тету абы и лэжьыгъэм къыщыгъэлъэгъуэжащ. Абы щыщ пычыгъуэ фыщыдогъэгъуазэ.

Адыгэхэр я лъахэм игъэкIауэ Тыркум гъэIэпхъуэным хуэунэтIа Iуэху еплъыкIэр 60 гъэхэм я зэхуэдитIым къыщыщIэдзауэ хуабжьу зэрахъуэкIащ Кавказым и унафэр зыIэщIэлъхэм. Абыхэм къагурыIуащ ирагъэкIуэкIа политикэм фIым узэрыхуимышэнур, адыгэхэр зэрырагъэкIам кърикIуа тхьэмыщкIагъэр: а щIыпIэхэр нэщIыбзэ зэрыхъуар, пабжьэрэ къуацэчыцэу зэрызэщIэкIэжар ялъагъу. Иджы ар дыдэр Псыжь лъэныкъуэмкIи къыщыхъункIэ шынагъуэ щыIэ мэхъу. А псори зэпалъыта нэужь, кавказ унафэщIхэр похьэ адыгэхэр Тыркум гъэIэпхъуэныр икIэщIыпIэкIэ къызэтегъэувыIэн Iуэхум. 1867 гъэм къыщыщIэдзауэ бгырысхэр нэгъуэщI къэралхэм ямыгъэкIуэххэ хъуащ. АрщхьэкIэ адыгэхэм я Iэпхъуэныр зэпагъэун мурад яIэтэкъым. КъыфIэбгъэкIмэ, урысхэм яхуэжыIэщIэ хъуа бгылъэ щIыпIэхэм къикIыу, Псыжь и Iэхэлъахэ шэдылъэхэр псэупIэ зыщIахэри ТыркумкIэ плъэрт. Ахэр къыжьэдакъуэртэкъым нэхъапэкIэ Тыркум Iэпхъуа я лъэпкъэгъухэм къащIэIуа тхьэмыщкIагъэшхуэхэм ятеухуауэ зэхах хъыбар гуауэхэми. Арат, пэжри пцIыри къагъэсэбэпурэ, хэкум щIикIхэр: 1873 гъэ къудейм къриубыдэу Тыркум Iэпхъуауэ щытащ адыгэ унагъуэ куэд. Бжьэдыгъухэмрэ абазэхэхэмрэ ящыщу Кавказым къинэжа тIэкIур а гъэ дыдэм мэлъаIуэ зэрылъэпкъыу лъахэм ирагъэкIыну. А лъэIур къыхуамыщIа дэнэ къэна, Кавказ унафэщIхэм ящIаращ: Тыркум Iэпхъуэну нэхъ ерыщу дауэхэмрэ ахэр къызэщIэзыгъаплъэу къалъытэ бейхэмрэ ягъэтIыс, дашурэ ягъэкIуэд. Мыдрейхэр дзэрэ IэщэкIэ зэтрагъэсабырэ. Абы иужькIэ кIэ егъуэт Псыжь лъэныкъуэ адыгэхэм я Iэпхъуэным. Пэжщ, яIэщIэкIыурэ, хэкум яфIикI закъуэтIакъуэхэр щыIэт.

Бгырысхэмрэ дэ урысхэмрэ Кавказым щыдлэжьахэр зэдгъапщэурэ дызэхуеплъу щытмэ, зи культурэр нэхъ мащIэу икIи нэхъ щхьэхынэ лъэпкъыу къэлъытэн хуейр дэрауэ, урысхэрауэ, къыщIокI. Сэ къыхэзгъэщакIэщ Псыжь и Iэхэлъахэхэм урысхэм тепщэныгъэр щаубыда нэужь, а щIыпIэшхуэхэр нэщI, теплъаджэ зэрыхъуар, ауэ щыхъукIи, нэхъапэхэм а щIыпIэхэм гъавэ бэв кърахыу, жызумхэр щыбагъуэу, хъупIэ дахэшхуэхэу щытащ. Ар дыдэрщ Тэрч куейми къыщыхъуауэ плъагъур. Мыбы сызэрыщыIэ илъэсищым къриубыдэу сэ зэман-зэманкIэрэ сыщыпсэуащ Налшык. Ар урысхэм я быдапIэ жылагъуэ цIыкIущ икIи Къэбэрдеишхуэм и зэхуэсыпIэ нэхъыщхьэщ. Мыбыи сэ щыслъэгъуаращ: укIытэншэу, ягуи я ли мыузу Iисраф зэтращIащ гугъу дехьу илъэс IэджэкIэрэ адыгэхэм къызэрагъэпэща культурэр. Езы Налшык пэгъунэгъубзэу щылъащ ХьэтIохъущокъуэхэ я хадэ телъыджэр. Жыгхэр ираупщIыкIмэ, Iисраф зэтращIэурэ абы зэуэ тхьэмыщкIафэ къытрагъэуащи… Кавказым фIэкIа, нэгъуэщI щIыпIэхэм щумылъагъун жыг хадэшхуэхэм я фэгъуу щытат ар. Мэзышхуэм ещхь жыг хадэт. Ар IыхьитIу зэщхьэщыдзат: адакъэкIэ теплъэ зиIэ зы Iыхьэм, зэуэ зридзыхырти, аузым хуиунэтIырт, мыдрей Iыхьэр Налшыкыпсым дыхьэрт. ЦIыху IэпщIэлъапщIэхэм я Iэужь а террасэшхуэр цIыкIу-цIыкIуурэ зэщхьэщыдзати, пкIэлъеинэхэм ещхьу, зыр адрейм къыщхьэщыту заIэтырт. А террасэхэр жызумей хадэ цIыкIуурэ зэпэгъэщхьэхукIат. Хадэшхуэм и лъапэм пхъэщхьэмыщхьей жыгхэр щыгъэкIат – кхъужьейуи, мыIэрысейуи, къущхьэмышхейуи, нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэуи абы имыт щыIэтэкъым. Бзиихухэр, кIарцхэр зи гъунэхэм ягъэкIэкIа лъэс лъагъуэхэр удз гъагъэхэмкIэ гъэщIэрэщIат. ЗыгъэпсэхупIэ хуей цIыкIу удзыпцIэ дахэхэм я хъуреягъхэм шэфталхэр, балиейхэр, къатхьэнсулыкъуейхэр, мэракIуейхэр къегъэтIысэкIати, а жьауапIэхэр дуней жэнэтым хуэдэт. Жызумейхэм, пхъэщхьэмыщхьейхэм щIагъэлъэдэну псыр бжьамийхэмкIэ хадэм къешэлIат. Зыхуей хуагъазэу, мис апхуэдэут адыгэхэм я жыг хадэхэр зэрызэрахьэр. Ауэ, урысхэм яIэрыхьа нэужь, абыхэм тхьэмыщкIафэ къатеуащ: бжьамийхэр гъущIэжащ, жызумейхэм кIэлъыплъыжIакъыми, ахэр жьгъеибзэ хъужащ. Уи нэр зыгъэгуфIэу щыта щхъуантIагъэ дахэхэр паупщIмэ, къахыурэ Iэщым ирагъэшх. Пхъэщхьэмыщхьейхэми я махуэ хъуар нэхъ щIагъуэкъым: жыгыщIэхэр къыхатIыкIыурэ, я унэ хадэхэм ягъэIэпхъуащ, жыгыжьхэр къраупщIыкIыурэ, пхъэгъэсын ящIыжащ. Бзиихухэри кIарцейхэри Iэ щIыIэкIэ ирагъэбэтри, ахэр къызэгъэкIэкIауэ щыта лъэс лъагъуэхэр «пцIанэу» къэнащ. А псори гущIэгъуншэу Iисраф зэрызэтращIэр си нэкIэ слъэгъуащ. ЦIыхубэм я IэкIэ езыхэм я щхьэм папщIэ къызэрагъэпэщыгъа а хъугъуэфIыгъуэ телъыджэхэр хьэлэч зэтезыщIар, зэбгрызылъэфар зызыгъэинтеллигенту, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъу зызылъытэжу Налшык дэс урысхэращ. Бзиихурэ кIарцейуэ икъукIэ куэд къизыупщIыкIыу зыгъэса а «интеллигентхэм» ящыщ гуэрым сеупщIат: «Пхъэгъэсын къыумыщэхун щхьэкIэ, апхуэдиз жыг къызэрыбгъэуам уи напэр ирисыркъэ?» – жысIэри. СхуэмыукIыта дэнэ къэна, абы жэуапу къыпысхаращ: «Зыми щымыщу а жыгхэр мыбдеж щIитын щыIэкъым».

Поделиться:

Читать также: