Суд приставым и фIыгъэкIэ

Налшык къалэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ уэрамым мафIэ къыщыщIэнэ пэтащ цIыхубзыр зи рулым дэс, балигъ мыхъуа сабии зэрыс «Приора» автомашинэм.

Судым щIэту КъБР-м щыIэ УФССП-м и суд пристав, къэрал кIуэцI къулыкъум и лейтенант нэхъыжь Шыхъалы Мурат гу лъитащ, гъуэгум къыщыувыIа, зи щхьэгъубжэм Iугъуэ къыдиху автомашинэм.

Суд приставым и лэжьэгъухэм яжриIащ мафIэсгъэункIыфIхэр къраджэну, езыр щIэжри, ар гъэункIыфIын щIидзащ. Мурат гудзакъэ хэлъу зэрыщытым, апхуэдэхэм деж ищIэн хуейхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэм я фIыгъэкIэ зыми лей къытехьакъым.

Гугъущ уи нэгу къыщIэбгъэхьэну мафIэр газ баллоным нэсатэмэ, абы кърикIуэнкIэ хъунур.

Рулым дэсам Щыхъалым фIыщIэ хуищIащ щытыкIэ гугъум къызэрыришам папщIэ.

БАЛЭ Азэмэт.
Поделиться: