Дачэм

Чехов Антон
 Лолэ, илъэс тlощl зи ныбжь тхьэlухуд сырыху цlыкlур, хадэ бжыхьым кlэрытщи, абы теIулlа пхъэбгъум и жьэпкъыпэр трилъхьауэ, жэщым хоплъэ. Губгъуэ жыжьэри, lэрамэурэ уафэм телъ пшэхэри, мафIэгу тедзапIэри, лъабакъуипщl нэхърэ мынэхъ жыжьэу хадэм блэж псы цlыкlури lуащхьэм къыкъуэкl мазэм и нур плъыжь-фIыцIафэм щlигъэнащ. Жьым ищlэн игъуэтыркъыми, псыежэхыр егъэтхытх, удзхэмкlэ мэщхъыщхъ... Iэгъуэблагъэр щымщ... Лолэ мэгупсысэ... Абы и нэкlу дахэ цlыкlур зыкlэ нэщхъейщ, и нэм щIэт гукъеуэр апхуэдизкIэ инщи, и гум щыщIэр къомыгъэIуэтэну емыкlущ икlи гущlэгъуншагъэщ. 
 Лолэ дыгъуасэмрэ нобэмрэ зэрегъапщэ. Нэгъабэ гугъэ lэфlкlэ гъэнщlа мыпхуэдэ дыдэ накъыгъэ мазэ щIэращIэм ар цlыхубз институтым къыщIэкIырт. Ауэрэ пщащэм и нэгум къыщIоувэ я класс унафэщlу щыта мадмуазель Морсо. Сымаджэрилэрэ и гур иудауэ, шынэр зэрымыкI и нэкIум тет и пэшхуэр къэпщIэнтIауэ зи гъащIэр езыхьэкI а цIыхубз мыкIуэмытэм а илъэсым еджэн зыух хъыджэбзхэр сурэт ятрыригъэхыну ишат.
 - Адыдыд, Тхьэм щхьэкlэ, мыбыхэм цlыхухъу сурэт къевмыгъэлъагъу! елъэlурт ар сурэттехым и къуэдзэ цlыхубзым.
 Елъэlурт, и нэпсым къызэпижыхьауэ. И гъащlэм гъунэгъуу хъулъхугъэ зымыцlыхуа а тхьэмыщкlэм цlыхухъу нэпкъ-пэпкъ къызэрилъагъуу, дуней къутэжыгъуэр къэсам хуэдэу, и щхьэфэцым зиlэтырт. Дэтхэнэ зы „псэхэхми“ и пащlэ-жьакlэм къэгъазэ имыlэу жыхьэнэмэ мафlэм ухэзылъафэ гурыфlыгъуэ lэфl хилъагъуэрт абы. Пщащэхэр Морсо делэм щыдыхьэшх щхьэкIэ, езыхэм ягухэри гугъэ IэфIкIэ кудати, ар зыгъэпlейтейр зыхамыщlэу къанэртэкъым. Абыхэм шэч къытрахьэххэртэкъым институт бжэщхьэIум къызэребакъуэу, адэ жьы хуегъэзэкIхэмрэ дзэм кIуэну зызыгъэхьэзыр дэлъхухэмрэ уакъыфIэкIмэ, зэрызехьэу усакlуэ щхьэц кIыхьхэр, зи фэ пыкIа уэрэджыlакlуэхэр, ауаныщl дыджхэр, хэкулl псэемыблэжхэр, зи мылъкур къыпхуэмыбжын мелуанырыбжэхэр къахузэпещэу зэрыщытынум. Уи нэпсыр кърагъакlуэу бзэ lэфlхэрэ къыпщхьэщыжын хьэзыру, езыхэр удэзыхьэх защlэу... Хэплъыхь а гуп зэрызехьэми къыхэх! Лолэ, псалъэм папщlэ, институтыр къызэриухыу, Тургенев и лIыхъужьхэм ещхь щIалэхэм е пэжымрэ зыужьыныгъэмрэ щIэбэн апхуэдэ гуэрхэм зэрахуэзэнур фIыуэ ищIэрт, сыту жыпIэмэ, ахэрат зытепсэлъыхьыр романхэри, тхыдэ пасэри, ику итри, нобэрейри. 
 Мы накъыгъэм Лолэ унагъуэ ихьакIэщ. Абы и лlыр къекIущ, къулейщ, щlалэщ, еджащ, псоми пщlэ къыхуащl. Ауэ а псом щхьэкIэ къэмынэу, ар (дауэ мы накъыгъэ щIэращIэм пэжыр и нэкIум ибупцIэн) псэлъэкlэмыщlэщ, тIыгурывэщ икlи мышущ адрей «дэлъху мин плlыщl мышухэм» (Шекспир, «Гамлет») яхуэдэу.
 Сыхьэтипщl зэрыхъуу къоуш Лолэ и лIыр. Хъэлат щетlагъэри, зиупсыну мэтlыс. lуэхушхуэ зэфlигъэкlым хуэдэу зеупс, игури и псэри етауэ, телефоныщIэ къигупсыс фlэкlа умыщlэну. Зиупса нэужь, псы гуэрхэм йофэ, ари Iуэхушхуэ зэфIигъэкIым хуэдэу. Итlанэ зэщlэлыдэу гъэкъэбзарэ ету зытедза защlэкlэ зехуапэ, щхьэгъусэм и lэм ба хуещIри, шыгу зэщlэщlам ису лэжьакlуэ макlуэ. Абы щилэжьыр Лолэ ищlэркъым. Тхылъымпlэ гуэрхэр къритхыкl къудейрэ, мурад lущхэр къылъыкъуэкlрэ е, хэт ищlэрэ, лэжьэгъухэр и lэмыщlэ илъу зригъакlуэрэ - гурыlуэгъуэкъым. Сыхьэтиплlыр екlуэкlыу лэжьапlэм къокlыжри, зэрешамрэ къызэрыпщIэнтIамрэ щхьэкlэ тхьэусыхэурэ и щыгъыныр зэрехъуэкl. Итlанэ шэджагъуашхэ ищlыну мэтlыс. Iэнэм бгъэдэсыху куэд ешх икlи къепсэлъ. Нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр мыхьэнэшхуэ зиlэ lуэхухэрщ. Цlыхубзхэр зэрыдакъузэми къэрал мылъкур къыздикl-здэкlуэжми топсэлъыхь. Зыгуэр щхьэкlэ Инджылызыр еуб, Бисмарк щотхъу. Газетхэми, дохутырхэми, актерхэми, еджакIуэхэми яхуэфащэ ялъос. «Щlалэгъуалэр егъэлеяуэ мыхьэнэншэ хъуащ!» Зэ шхэгъуэм lуэхугъуищэ зэхегъэкl. Ауэ псом нэхъ бампlэгъуэращи, хьэщlэ къыдэшхэхэр а цlыху гугъусыгъум къедаlуэурэ къыдожьу. А делагъэрэ гупсысэ мыфэмыцрэ фlэкlа къызжьэдэмыкlыр хьэщlэу хъуам нэхърэ нэхъ губзыгъэу къыщlокlри, псори зыфlегъэлlыкlыф.
 - Диlэжкъым дэ иджы тхакlуэфl! - мэщатэ ар шэджагъуашхэ къэс, икlи а гупсысэр абы тхылъхэракъым къыздрихар. Ар зэикl зыри еджэркъым - тхылъи газети. Тургеневрэ Достоевскэмрэ зэхегъэгъуащэ, хъуэрыбзи гушыIи къыгурыlуэркъым. Зэгуэр Лолэ и чэнджэщкlэ Щедрин еджати, «мыгурыlуэгъуэу» тхэуэ къилъытащ.
- Пушкин нэхъыфlщ, си псэм хуэдэ... Пушкин дыхьэшхэн куэд иlэщ! Сэ сыкъеджащ... сощlэж...
 Шэджагъуэ нэужьым ар пырхъуэм тохьэ, шэнтжьей щабэм йотlысхьэри, и нэхэр щlригъэлъафэу гупсысэн щlедзэ. Кlыхьу, хэплъэу, зэхэуфауэ, и натlэхэр зригъалъэу мэгупсысэ. Лолэ ищlэркъым ар зэгупсысыр. Абы ищlэращи, сыхьэтитlкlэ акъыл игъэхъея нэужьи, ар зыкlи нэхъ губзыгъэ мыхъуауэ, жиlэ хабзэ делагъэ дыдэхэм тохьэж. Пщыхьэщхьэм куэзыр мэджэгу. Набдзэгубдзаплъэу. Кlуэгъуэ къэс фIыуэ йогупсыс икlи къыдэджэгур щыуэмэ, макъ гъэхуакIэ тэмакъкlыхьу куэзыр джэгун зэрыхуей щIыкIэр къыгурегъаlуэ. Куэзыр нэужьым, хьэщlэхэр зэрыкlуэжу, псы гуэрхэм йофэри, зэрыхущlэмыхьэр и нэкlум къищу мэгъуэлъыж. Щыжейкlэ мывэм хуэдэу сабырщ. Зэзэмызэ мэlуэщхъу жумыlэмэ. Ауэ къиlуэщхъури мышущ.
- КъэувыIэ! КъэувыIэ! - шыгухум еджэу къыхэкIиикIат ар хьэгъуэлlыгъуэм къыкlэлъыкlуэ жэщым.
 Жэщ псом къокъуалъэ. И пэ кlуэцlри, и бгъэри, и ныбэри къокъуалъэ...
 Аращ Лолэ хужыlэнур и лIым теухуауэ. Иджы ар хадэ ихьэпlэм деж щытщ, абы йогупсыс, илъэгъуа цlыхухъу псоми ирегъапщэри, псом нэхърэ нэхъыфlу къелъытэ, ауэ сыт-тlэ абы щхьэкlэ. Мадмуазель Морсо и дунейкъутэж гужьеикlэм ар нэхъыбэжкlэ къигъэгугъэрт!
ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: