Я псэ Iыхьэр зыхэлъ

(ЕтIуанэ Iыхьэ)
  Гъавэ тепщIэн папщIэ къэбгъэсэбэпыну тыншкъым Кавказ бгылъэхэр. Ахэр задэщ, мывалъэщ. Абыхэм къыщыкIыр мэзрэ удз лъагуэрэщ. Бгы джабэхэм зыгуэр тепсэну ухуежьэнущи, ищхьэмкIэ къыщежьэ уэсыпсымрэ уэшхыпсымрэ къыздрахьэх мывэмрэ пшахъуэмрэ псори ирахынущ, щIагъэнэнущ. ИужькIэ щIыр мывэ джафэу къонэ. А щIыпIэхэм зыгуэр щыхэпсэми, гъатхэ уэшхымрэ гъэмахуэ уэсыпсымрэ къралъэсэхынущ. Абыхэм, мэзрэ хъупIэу фIэкIа, гъавэ щIапIэу уазэрыщыгугъын щыIэкъым. Гъавэ зытепщIэ хъуну а щIыпIэхэм щыбгъуэтынур щIы мащIэ дыдэщ. А бгылъэхэм, мывалъэхэм зыгуэр щытепсэн папщIэ, абыхэм щIы куэд ятумыкIутэу хъунукъым. А щIыр езыр дэнэ нэс къыщылъыхъуэн, къихын хуей? Жыжьэ къраха а щIыр къагъэберычэтын папщIэ, ящIэр лIо? Нэхъ къэгъэсэбэпыгъуафIэ хъун щIы нэщI тIэкIу къагъуэт. Абы мывэхэр къыхатхъ, къыхащыпыкI. Апхуэдэу къагъэхьэзыра щIы Iыхьэ тIэкIум я лъабжьэIуэкIэ мо мывэ дыдэхэр щызэтралъхьэ – къуэбэкъу цIыкIухэм дэту къежэхэну псыр IуащIэ. Абдеж мывэкIэщхъымрэ пшахъуэмрэ щызэтрехьэ. ИтIанэ псыр яутIыпщыж. ЩIагъщIэлъи зыгъуэта, хуити къэхъуа щIыпIэм щIыр тракIутэжри… Гъавэ щIапIэр хьэзыр хъуащ. Ауэ Iуэхур абыкIэ зэфIэкIыркъыми, адэкIэ ящIэращ: зыгуэр зыхасам ищхьэIуэкIэ къуэбэкъухэр мывэшхуэхэмрэ мывэкIэщхъхэмкIэ щагъэбыдэж, псым кърихьэхыурэ а IущIапIэм деж щызэтрихьа мывэхэм ежьужьхэм кIуапIэ зрамыту дагъэуэх псым нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ еунэтI… А IэмалхэмкIэ къахухьа щIыпIэхэр увыIэпIэ зыхуащI Iэщым щIыр ягъэпшэр. Апхуэдэ щIыкIэхэмкIэ гъавэ щIапIэ къызэбгъэпэщыным илъэс бжыгъэкIэрэ уелIэлIэн хуейщ. А псори нэхъ псынщIэу зэфIэзыгъэкIыну нэхъ къэзыщтэхэм, хъерым нэхъ хуэпIащIэхэм ящIэр сыт? Зыщымысхьыжу, еш ямыщIэу щIыгулъ нэхъыбэ плIэкIэ къахьурэ тракIутэ къагъэхьэзыра щIыпIэхэм. Ахэр япэ щIыкIэ вэныжьу щагъэлъщ. Уи Iэр пхухэмыхьэну, абы къытокIэ удз лъахъшэ Iув. Ар илъэсым щэнейрэ паупщI. Iэщ гъэхъуным нэхъ елэжь бгырысхэм я деж мэкъум икъукIэ уасэшхуэ щиIэщ. Дестынэ Iыхьэ плIанэ фIэкIа мыхъу щIым къытепхыну мэкъур тумэних нэхъ мащIэ и уасэнукъым. Ауэ зыгуэр къызытепх хъун щIыпIэ хуиту бгылъэхэм щыбгъуэтынур мащIэ дыдэщ: дестынэ Iыхьэ плIанэ нэхъ ин зы щIыпIэм деж ущрихьэлIэнур зэзэмызэххэщ. Нэхъ лъагэу бгым удэкIыху, ахэр нэхъ мащIэж мэхъу. ЩIыр егъэлеяуэ щIэлъапIэри аращ. Зы дестынэ ныкъуэ зиIэ унагъуэр къулеижьу ябж, нэхъыбэIуэ уиIэ – укъулей дыдэу къалъытэ. 
Апхуэдизу зэлIалIэу бгылъэхэм къыщызэрагъэпэща щIым нэхъыбэу трасэр хьэщ, мэшщ. Iэщыр трагъэтурэ куэншыбхэмкIэ фIыуэ ягъэпшэра щIым, псыи щIагъэлъадэ пэтми, нэгъуэщIу гъавэ къыщепхьэлIэфынукъым а щIыпIэхэм. 
ПсыщIэгъэлъадэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрыжылэу зэдащIэ. Арыншауэ, ар уи щхьэ закъуэкIэ пхузэфIэмыгъэкIын Iуэхущ. Бгылъэхэщ, мывалъэхэщи, псыр щIым тету къыпхуэшэнукъым. ЯщIэр лIо-тIэ? Хьэкхъуафэшхуэ IэтахэмкIэ къашэри щIагъэлъадэ. Нэхъыбэу апхуэдэу зыщIэр бгылъэ щIыпIэхэм щыпсэухэращ. 
ПсыщIэгъэлъадэр зэгъусэу зэрырагъэкIуэкIым уеплъыну гъэщIэгъуэнщ. Ар куэдрэ къэмыхъу хабзэми, бгырысхэм урысхэр къащыхуеблагъэ щыIэщ, абдеж жылэр зэрыщыту къызэхуос. ХьэщIэр зей бысымым бгырысхэм я хабзэ псори егъэзащIэ: къыхуеблэгъам гуапэу IуощIэ, Iэмал имыIэу хьэщIэныш хуеукI. А мэлыр щашхкIэ зыри Iыхьэншэ ящIыркъым. ПлъакIуэ-дэIуакIуэу къызэхуэсахэм уащыхэплъэкIэ, мыпхуэдэ Iуэхум гу лъумытэу къанэркъым: хэгъэрейхэр щIэх-щIэхыурэ зэбгрожыж, ауэ, куэдрэ къэмыту, къызэхуосыж, абдеж щыплъагъухэм ящыщ дэтхэнэми бел иIыгъщ. Щыгъуазэ дызэрыхъуамкIэ, дэнэкIэ ягъэзами, бгырысхэм гъатхэм, гъэмахуэпэхэм деж бел яIыгъыу къакIухь. Сыт щхьэкIэ? А зэманхэм ирохьэлIэ псыщIэгъэлъадэр. А Iуэхур Iэпэдэгъэлэл пщIамэ, гъавэфI ущымыгугъ. Зэгъусэу къашэ псыр уи хадэм щIэбгъэлъэдэным куэд пыщIащ: дэтхэнэ зыми ещIэж чэзур къыщылъыс махуэри зэманри. Ар блэбгъэкIакъэ – а махуэм псым упыкIащ. Аращ сыт щыгъуи бел яIыгъыу къыщIакIухьри, кIуэд-къыкъуэкIыжхэу къыщIажыхьри. Апхуэдизу елIалIэу зэрахьэ щIым гъавэфI къызэрытрахыр щIэбгъэщIэгъуэн щыIэкъым. Ауэ, щIыр сыт хуэдизкIэ ягъэпшэрми, псы щIагъэлъадэми, бгылъэхэм щыпсэухэм гъавэр хуабжьу къомэщIэкI, абы къыхэкIыу бгырысхэм ар тафэхэм къыщащэхун хуей мэхъу… 
Мы Iуэхум зыубгъуауэ сыщIытепсэлъыхьар бгырысхэр щхьэхынэу, лэжьэн я жагъуэу зэрыжаIэр нэсри къэсыжауэ зэрыпцIыр къыщIэзгъэщын папщIэщ. КъимыдэкIэ, апхуэдизу зэлIалIэу, пщIэнтIэпсри лъыпсри зэхэлъэдэжауэ зэрахьэ щIыр фIыщэу зэралъагъур, абы щхьэкIэ я псэр ятыну зэрыхьэзырхэр щIэбгъэщIэгъуэн щыIэкъым. ГурыIуэгъуэу си гугъэщ: я псэ Iыхьэ зыхэлъ а щIыр къабгынэу, бгырысхэр насыпыншэ гъуэгум техьэным и щхьэусыгъуэм щылъыхъуэн хуейр абыхэм я «щхьэхынагъыракъым» икIи «зэрыкультурэншэхэракъым» – а гуауэшхуэм къежьапIэ хуэхъур цIыхугъэншагъэмрэ гущIэгъуншагъэмрэщ, а Iуэху нэщхъеягъуэм залымыгъэкIэ зэрырахулIэращ.
Абрамов Яков.
Поделиться:

Читать также: