Щыхьэрыр ефIакIуэ зэпытщ

Налшык къалэм Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр зыхуей хуагъазэ.

Къалэм и гъунэм хуэзэ а уэрам щэхур, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым пыхьэху, захуэу кIуэцIрокI, фэтэр куэду зэхэту абы тет унэхэри зэщхьрэ лъэс зекIуапIэхэри захуэу лъэныкъуитIымкIи щыкIуэцIрыкIыу. А лъагъуэхэр зэрытелэжьыкIрэ фIыуэ щIащ. Зэгуэр телъа асфальтыр щIыпIэ куэдым деж щылъалъэри техупащ, кумблъэмбхэр  щымащIэкъым, бдыжкIи мыхьэнэ зэримыIэнур нэрылъагъуу. Апхуэдэ щытыкIэм куэд щIауэ уэрамыр фаджэ ищIырт.

Иджыпсту щIадзауэ лъэс зекIуапIэхэр къагъэщIэрэщIэж. Абы и мызакъуэу, а щIыпIэм сабий джэгупIи щаухуэнущ, хъыринэхэр, Iуащхьэ къежэхыпIэхэр иту. Утыкур зэрыщыту къращIыкIынущ иджы къежьа хьэфэ лъэгумкIэ - ахэр сабийхэмкIэ нэхъ шынагъуэншэщ. ЗыгъэпсэхупIэ парк цIыкIум  уэздыгъэхэмрэ, тетIысхьэпIэхэмрэ щагъэувынущ, сыт хуэдэ зэманми къыщыпкIухь, жьы къабзэкIэ ущыбауэ хъууэ, зи лъэм къримыхьэкIхэм папщIэ пандусхэри щагъэувынущ.

 Мы зэманым ирихьэлIэу бетон къэухьхэр ягъэуващ, Iэхэлъахэм ит жыгхэр яухъуэнщI, щхъуантIагъэхэмрэ удз гъэгъахэмрэ зыхасэну щIыпIэхэр яубзыху. Куэд мыщIэу асфальтыр тралъхьэнущ. Лэжьыгъэхэр щэкIуэгъуэ мазэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну я мурадщ. А уэрам дыдэрщ нэхъапэм зи гугъу фхуэтщIа мэжджытжыгхэм я бульварри щаухуэнур.

Къэрэшейм и цIэр зезыхьэ уэрамым и лъэс зекIуапIэми и кIыхьагъкIэ щIэлъ псы зрикIуэ бжьамийхэр щахъуэжащ иджырей депозит бжьамийхэмкIэ. Ахэр илъэс куэдкIэ зыри къащымыщIу щIэлъынущ. Головком и цIэр зезыхьэ уэрамыр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм пащэ.  Жьы хъуауэ абы и кIыхьагъкIэ тета автобус къэувыIэпIэхэр абджыпсым къыхэщIыкIа дахэхэмкIэ зэрахъуэкI. Иджыпсту Лениным и цIэр зезыхьэ проспектым пэмыжыжьэу, сэмэгурабгъумкIэ тетар трахауэ ихъуреягъыр зэтес ящI. Абдежым мыгувэу щагъэувыжынущ иджырей къэувыIэпIэхэм хуэдэ.

Лъостэн Музэ.

Поделиться: