Сэшхуэм и щэхур

         Адыгэ сэшхуэм япэ дыдэу щытетхыхьа зэманыр 1625 гъэм хуахь, шэрджэсхэм я Iэщэ-фащэм ятеухуауэ Джованни де Лукэ и Iуэху еплъыкIэр къыщигъэлъэгъуам.

          XVIII лIэщIыгъуэмрэ XIX-м и япэ Iыхьэмрэ адыгэ уэркъхэм иджыри зэрахьэрт гъущI хъурей зэрыхъахэм къыхащIыкIыу щыта зэрызахъумэж афэ джанэхэр. Таж пыIэр лъагэт, абы и дамащхьэхэм нэс къехыу гъущI хъар кIэрылът. Сэшхуэхэм я джатэдзэр кIыхьт, гъущIым къыхэщIыкIа джанэхэр зэпиупщIыфырт. Ауэ XVIII лIэщIыгъуэм шэ зыгъауэ Iэщэхэр нэхъ къагъэсэбэп хъури, афэ джанэхэр хуэмурэ я гъащIэм хэкIын щIидзащ, сэшхуэхэми нэхъ хуэмыныкъуэж хъуащ.

         Шэрджэс сэшхуэхэм ящыщу нэхъ жьы дыдэу яхъумэр1713 гъэм ящIауэ щытарщ, ар Къэрал Тхыдэ музейм щIэлъщ.

         XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм, XX и пэщIэдзэхэм адыгэ сэшхуэм и джатэдзэр псынщIэу, мыкIыхьу ящIырт. Шэрджэсхэм мыхьэнэшхуэ иратырт ар зэращIым: «Ар къабзийм хуэдэу псынщIэу, чы псыгъуэм ещхьу лантIэу, жьакIэупсым хуэдэу жану щытын хуейщ», - жаIэрт. Сэшхуэдзэм и лъабжьэм дамыгъэхэр тращIыхьырт. Абы тратхэхэмкIэ къыпхуэщIэнут сэшхуэр къызыхэкIар.

         Тыркум щыпсэуа, Къэбэрдейм илъэс зыкъом хъуауэ къэзыгъэзэжа, «Адыгэ унэ» тыкуэныр къызэIузыха IутIыж Мэжид лъэпкъым и тхыдэм теухуауэ куэдым щыгъуазэщ. ХещIыкI сэшхуэм и Iуэхуми.

         - Адыгэ сэшхуэр хьэлъэу щыттэкъым, пIащIэт, къэбгъэшмэ хъуреибзэ хъурти, зэуэ и пIэ иувэжырт, жант, быдэт. Ар къызыхащIыкIри адрейхэм ещхьыртэкъым, - дыщегъэгъуазэ абы. - Куэдым ямыщIэнкIэ хъунщ сэшхуэр щыблэ зэуа гъущIым къыхахыу зэрыщытар. Абы щхьэусыгъуэ иIэт: гъущIым щыблэ еуа нэужь, и зэхэлъыкIэр нэгъуэщI хъурт, нэхъ быдэ абы ищIырт. КIыщым нэсамэ, псыхьын хуейкъэ? ГъущIыр ягъэплъырти, шым шэсырт, хуэмурэ къакIухьурэ жьыбгъэкIэ япсыхьырт. Абы иужькIэ сэшхуэм зыри къыщыщIыжыртэкъым.

         ЗэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэ сэшхуэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ейм зыкIи ещхькъым. Абы и къум и кIапэр зэгуэхауэ щытщ. Ар къызэрысэбэпрат: сэшхуэр и папцIэмкIэ щIым хасэрт,  лIыр абдеж етIысэхырти, фочым и пэр дигъэхьэрт, шэрыуэу нэщанэм еуэн папщIэ. Ари къэбгупсысыфын хуейтэкъэ?! НэгъуэщI лъэпкъхэм ягъэщIагъуэ абы и щэхур щыжыпIэкIэ.       И нэхъыбэм сэшхуэр зэрызэгуалъхьэр ижьрабгъурамэ, адыгэм сэмэгумкIэ ар пщIыхэлъщ. ИтIанэ IэкIэ яубыду кърахыртэкъым ар, IэщIыбкIэ кърагъэлъэтырти, я къихынри бийм еуэнри зы ящIырт. Хабзэжьу щыIэт адыгэм сэр кърихамэ, къыщIрихар имыгъэзащIэу ирилъхьэжыныр емыкIуу.

         Сэшхуэр хьэщIэщым здыщIахьэу къезэгъыртэкъым - бысымым дзыхь хуумыщIу арат къикIыр. Апхуэдэ дыдэу шым епсыхамэ, щIопщыр унэ гупэм щыфIидзэрт, зэрызыщиIэжьэнум елъытауэ фIэдзэкIэ щхьэхуэ иIэу.

         Дэ дызэрыгушхуэр ди блэкIаращ. Хабзэр къагупсысащ, хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ дуней псом лъэпкъыр кърагъэцIыхуащ. Апхуэдэ пщIэр яхъумэну, зыщамыгъэгъупщэну дызыщыгугъыр щIэблэращи, «сыадыгэщ» жыпIэным пщIэшхуэ зэрыпылъыр зыхащIэну дыхуейт.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

Читать также: