ХЬЭШЫР ЧЫЛАР ТЕУХУА ТХЫЛЪЫЩIЭПэжымрэ пцIымрэ «Япэу Iуащхьэмахуэ дэкIар: къэхъуамрэ къагупсысамрэ» («Первовосходитель на Эльбрус: факты и вымысел») - ар и фIэщIыгъэу Налшык дэт «Принт-Центр» IуэхущIапIэм Хьэшыр Аскэр и IэдакъэщIэкIыу тхылъыщIэ къыщыдэкIащ. ТХЫЛЪЫР дунейм къытехьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар япэу Iуащхьэмахуэ дэкIа адыгэ щIалэ Хьэшыр Чылар къызыхэкIа лъэпкъым иризэдауэр куэд зэрыхъуарщ. Губзыгъэу Iуэхум бгъэдыхьа Аскэр 1829 гъэм екIуэкIа генерал Эммануэль и экспедицэм теухуауэ щыIэ дэфтэрыжьи дэфтэрыщIи зэхуихьэсыжри, псори зэуIуу зы тхылъым иригъэзэгъащ. Абы нэхъыфIи пхуэщIыну къыщIэкIынкъым. Кавказ лъэпкъ псоми ягъэлъапIэ Iуащхьэмахуэ ехьэлIа тхыдэ къудамэ екIум лъэпкъхэр щIызэпэщIэувэжын щхьэусыгъуэ къыхэмыгъэкIынращ къохъулIэным я нэхъыфIыр.
Поделиться:
Читать также:
20.05.2024 - 16:00 →
Гъатхэм и гъэгъахэр
20.05.2024 - 15:00 →
Кавказ Ищхъэрэм мэкъумэшымкIэ дыщынэхъыфIщ
20.05.2024 - 14:50 →
Ахэр дахэ къудейкъым…
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
|