КъыхэжаныкIахэр зэдагъэлъапIэКъБР-м щыIэ МВД-м Къэрал автоинспекцэмкIэ и управленэм щекIуэкIащ 2023 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуахэм теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ республикэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и штабым и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Егоровэ Наталье, Къэрал автоинспекцэм и къудамэхэм я унафэщIхэмрэ республикэм и районхэм я инспектор нэхъыщхьэхэмрэ. ЗэIущIэм Iуэху гуапэкIэ щIидзащ - лэжьыгъэм къыщыхэжаныкIахэм иратащ къэрал, ведомствэ дамыгъэхэр. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий и унафэкIэ «За отличие в службе ГИБДД» бгъэхэIу дамыгъэм и 2-нэ нагъыщэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр иратащ IэнатIэм и лэжьакIуэ зыбжанэм.
Поделиться:
Читать также:
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
01.05.2024 - 11:18 →
CурэтыщI ныбжьыщIэхэр утыку къохьэ
01.05.2024 - 10:01 →
ЗэчиифIэм и щапхъэ
01.05.2024 - 08:58 →
Дызэкъуэтмэ, дызэрыIыгъмэ...
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
|