Сакъыныгъэм хуаущий

  Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэм  къикIауэ «Радуга» санаторэм зыщызыгъэпсэху ныбжьыщIэхэм я хьэщIащ  республикэм и автоинспекторхэр.  Абыхэм сабийхэм   драгъэкIуэкIащ «Хабзэхэм тету псэу»  профилактикэ Iуэху.      
Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм и Къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм абыхэм папщIэ  ирагъэкIуэкIащ  Гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэмрэ хьэл мыхъумыщIэхэм защыдзеинымрэ    теухуа псалъэмакъ, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр шынагъуэншэу  ягъэкIуэным трагъащIэу.
Автоинспекторхэм  сабийхэм ягу къагъэкIыжащ  гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэм      Iэмал имыIэу тетын зэрыхуейр,  чэнджэщ иратащ машинэ  зекIуапIэхэм нэхъри  щысакъын зэрыхуейр, жраIащ балигъхэр ящIымыгъуу   сыхьэт 22-м иужькIэ уэрамхэм дэт  зэрымыхъунур.     
   Псалъэмакъым къыщащIахэр щIагъэбыдэн папщIэ полицейхэм къызэрагъэпэщащ   квест-джэгум тет зэпеуэхэр.     
  Сабийхэм  ар щекIуэкIым жаIащ гъуэгум щытыкIэ къызэрымыкIуэ   къыщыхъуамэ ящIэн хуейхэр, сурэт  кърагъэлъэгъуам  гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэр лъэсырыкIуэхэм къызэрызэпаудар къыщагъуэтащ, ПДД-м ехьэлIа сканвордхэр къащIащ.  
 Полицейхэр щогугъ  гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэр апхуэдэ щIыкIэкIэ сабийхэм нэхъыфIу къащтэну, мыбы ещхь  зэIущIэхэм щызрагъащIэхэр сэбэп къахуэхъуну.
БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: