КъэкIыгъэхэм я дуней

Iэгъэбэгухэр
Хэт зымыцIыхур Iэгъэбэгу цIыкIухэр?! Адрей къэкIыгъэхэми хуэдэу, абыхэм мэзыр ягъэдахэ, къулей ящI. И щхьэматэ цIыкIур лъакъуэ закъуэмкIэ захуэу, пагэу фIиIыгъэу ар щытщ. Iэгъэбэгухэр жыг щIагъхэм, хуейхэм, жыг лъэдакъэ пыупщIахэм я гъунэгъуу къыщокI.
Iэгъэбэгухэмрэ къэкIыгъэхэмрэ, Iэгъэбэгухэмрэ жыгхэмрэ лъабжьэхэмкIэ, къуэпсхэмкIэ зэрыIыгъщ. ЩIыгулъым къыхах «шхыныгъуэхэмкIэ» абыхэм зым зыр «егъашхэ».
Мэзым щIэт псэущхьэ куэдым Iэгъэбэгухэр я шхыныгъуэщ. КIэпхъ цIыкIухэм ахэр зыхуахьэсри, жыг къудамэм пыIуауэ ягъэгъу. ЩIымахуэ шхыну абы къэуатышхуэ щIэлъщ. Цыжьбанэхэми, топ хъурей защIри, я банэ цIыкIухэмкIэ Iэгъэбэгур фIагъанэри, я гъуэхэм яхь.
Iэгъэбэгухэр зэмылIэужьыгъуэ куэд мэхъу. Ауэ абыхэм яхэтщ псэущхьэхэми цIыхухэми яшх мыхъуну щхъухь зыхэлъхэр. Апхуэдэхэр Iэмал имыIэу зэгъэцIыхун хуейщ. БадзэгъалIэ (мухомор), ямышх фагъуэ (бледная поганка), дакъэхэкIэнэпцI (ложный опенок) Iэгъэбэгухэм, пшхын дэнэ къэна, IэкIэ уеIусэну шынагъуэщ. Абыхэм псоми мэ гурымыхь къакIэрех.
Iэгъэбэгу хужьыр (белый гриб), дакъэхэкIыр (опенок), шампиньонхэр пшхы хъухэм ящыщщ. Апхуэдэ Iэгъэбэгухэм къэуат зыщIэлъ шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхащIыкI. 

Губгъуэдадий
Бгы лъапэхэм, мэз лъапэхэм куэду къыщокI губгъуэ удз, дахэу гъагъэу, мэ гуакIуэ къыпихыу. Адыгэхэм цIэ зэмылIэужьыгъуэ къыхуагупсысащ абы: дахэлынэ, губгъуэдадий, цей дадий. Урысейми къыщокI а удзыр, урысыбзэми цIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щиIэщ: бабина душица, душица бобровая, душка, духов цвет. Губгъуэ дадийр цIэрыIуэ щIэхъуар узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэ зэрыхъуращ. Ар удз хущхъуэщ.

КIэртIоф
КIэртIофым и къежьапIэр Ипщэ Америкэрщ. Европэм ар кърашащ XVI лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм. Ди къэралым ар япэ дыдэ къизышар Петр I пащтыхьырщ. Ар къыщыхъуар I697 гъэрщ. ЯпэщIыкIэ цIыхухэм кIэртIофыр яфIэмыфIыщэу хасэу щIадзащ. ИужькIэ и IэфIагъыр, щIэлъ къэуатыр къагурыIуэри, щIэх дыдэ есэжащ. 
КIэртIофым шхыныгъуэу къыхащIыкI I00-м щIигъу. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр зыхущыщIэ витаминхэмкIэ ар къулейщ. КIэртIофым крахмали къыхащIыкI.
 

Мэлей ФатIимэ.
Поделиться: