Илъэсибгъу тралъхьащ

 НаркотикхэкIхэр щэным пэщIэт Iуэхухэр Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ республикэм афиянхэкIхэр куэду къихьэныр икIи щигъэкIыныр къызэгъэпэщыным пыщIа, 2001 гъэм къалъхуа Цечоев И.М. илэжь щIэпхъаджагъэр.

Ар къыщащым «героин» грамм 83,9-рэ къытрахащ. 
 КъБР-м и Дзэлыкъуэ район судым къару зыгъуэта и унафэм ипкъ иткIэ, Цечоев И. М. къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 228.1 статьям и 4-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр зэрилэжьамкIэ. Ар ягъэтIысащ икIи илъэси 9 щигъэкIуэнущ тутнакъхэр ткIийуэ щаIыгъ лъэхъуэщым. 
 

УФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэ.
Поделиться: