Урысей - Африкэ зэхущытыкIэхэр

Урысейм и мурадщ и ВУЗ нэхъ пашэхэм я къудамэхэр Африкэм къыщызэIуихыну. Абы теухуауэ УФ-м и Президент Путин Владимир къыщыпсэлъащ къэралитIым я экономикэ-гуманитар Iуэхухэм теухуауэ екIуэкIа зэIущIэм.
- Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я къудамэхэр Африкэм къыщызэIутхыныр тфIэигъуэщ. Мы зэманым ди къэралым щоджэ Африкэм къикIа цIыху мин 35-м нэблагъэ икIи а бжыгъэм илъэс къэс хохъуэ. Африкэм щыщ щIалэгъуалэр  квотэкIэ еджакIуэ къэшэным федеральнэ бюджетым къыхигъэкIым иужьрей илъэсищым хуэдэ 2,5-кIэ хэхъуащ, - къыхигъэщащ къэралым и пашэм. 
Апхуэдэуи абы дыщIигъуащ Урысеймрэ Африкэмрэ зэрызэдэлажьэ Iуэхухэм IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынри зэрахэтыр. 
- Къыхэзгъэщыну сыхуейт, бадзэуэгъуэм и 26-м Санкт-Петербург бгы университетым зэгурыIуэныгъэ зэрыщызэтщIылIар, техникэ IэщIагъэхэмкIэ «Недра Африки» урысей-африкэ зэгухьэныгъэр къызэгъэпэщыным теухуауэ. Абы щагъэхьэзырынущ щIым къыщIах щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм щелэжь IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр. Си гугъэмкIэ, абы и лъэныкъуэкIэ дызэдэлэжьэным мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жиIащ Путин Владимир.
Абы дыщIигъуащ Урысейр дяпэкIи Африкэм зэрыдэIэпыкъунур, ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ лъагэ егъэгъуэтынымкIи курыт щIэныгъэ етынымкIи. «АдэкIи дыхущIэкъунущ школхэмрэ еджапIэхэмрэ я егъэджакIуэхэр, унэтIакIуэхэр, техникэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным. Абы щхьэкIэ мы зэманым йолэжь урысеймрэ африкэмрэ я лъэпкъ егъэджэныгъэ программэхэр я лъабжьэу методикэ тхыгъэхэр зэхэгъэувэным», - къыхигъэщащ Президентым.
Урысеймрэ Африкэмрэ я етIуанэ саммитыр бадзэуэгъуэм и 27-28-хэм Санкт-Петербург дэт «Экспофорум»-м щекIуэкIащ. Абы хэтащ Африкэм и къэрал 49-м я лIыкIуэхэр.
Зэхуэсыр къыщызэIуихым, Санкт-Петербург къалэм и губернатор Беглов Александр къыхигъэщащ Урысейр Африкэм куэд щIауэ зэрыпыщIар.
«Мы зэхуэсым дыщыхущIэкъуащ экономикэм, щэнхабзэм, тхыдэмрэ егъэджэныгъэмрэ ехьэлIауэ ди IуэхутхьэбзэхэмкIэ Африкэм дызэрехъуэжыфыну щIыкIэр ди хьэщIэхэм нэрылъагъу ящытщIыным. Утыку къитхьа унэтIыныгъэхэм дяпэкIэ зедгъэужьыным мыхьэнэшхуэ иIэщ ди дежкIэ», - жиIащ абы. 
Саммитым щытепсэлъыхьащ гъавэмрэ щIыгъэпшэрхэмрэ къэралым зэрырагъашэну щIыкIэми нэгъуэщI ерыскъыхэкIхэмкIэ Африкэм и къэралхэр гугъуехь зэрыхэмытыну Iэмалхэми.
Къыхэгъэщыпхъэщ, «Урысей - Африкэ» япэ саммитыр 20I9 гъэм и жэпуэгъуэм Сочэ къалэм щекIуэкIауэ зэрыщытар. Абы хэтат Африкэм и къэрал 54-ри. 45-м я Iэтащхьэхэмрэ правительствэ унафэщIхэмрэ езыхэр къэкIуат. Абы щыгъуэм зэгурыIуэныгъэ 50-м щIигъум Iэ щIадзат, сом мелард 800-м нэсым тещIыхьауэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: