Тхыдэр зи лъабжьэ

         Лъахэхутэхэу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIащ адыгэ тхакIуэ Адзын Мухьэмэд и IэдакъэщIэкI «На берегах моей мечты» романыр.

         - Адзын Мухьэмэд итхахэм ящыщу нэгъабэ ди тхылъ тедзапIэм къыщыдэдгъэкIа «Непокорённые» романымрэ «На берегах моей мечты» романымрэ тхылъеджэхэр къыщIоупщIэ - жеIэ тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ Котляров Виктор. – А тхыгъэхэм тхыдэр я лъабжьэщ. Япэрейм Урыс-Кавказ зауэм къыщыхъуа Iуэхугъуэхэр къыщыгъэлъэгъуэжам, етIуанэм щекIуэкIыр XVI лIэщIыгъуэм, Уэсмэн къэралыгъуэр зи дэIэпыкъуэгъу Кърым хъанхэр адыгэхэм къатеуэурэ цIыхубэр яхъунщIэу, я щIыр, я сабийхэр къытрахыу щыщыта лъэхъэнэм къэхъуахэрщ.

         Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ тхакIуэ, драматург Шыд Юрэ романым щеджам жиIат: «ЛIыхъужь псори тхакIуэм къызэригупсысами емылъытауэ, ахэр гъащIэм пэж дыдэу псэуам хуэдэу я IуэхущIафэхэр уи фIэщ зэрыхъур, уеблэмэ романхэр зытеухуар тхыдэ къэхъугъэщ».

         Адзын Мухьэмэд и романхэм къыхэщ лIыхъужьхэм я шыфэлIыфэмкIэ къигъэлъэгъуащ адыгэхэм я хьэл-щэн нэхъыфIхэр, къадекIуэкI хабзэ дахэхэр, щэнхабзэр. ЖыпIэнурамэ, тхакIуэм и тхыгъэхэм лъэпкъ литературэр ягъэбеящ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

 

Поделиться: