Ди лъэпкъым и бжыгъэр

Адыгэ тхыдэм и нэхъ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэм ящыщщ абыхэм я бжыгъэр XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм зэрыхъуу щытар. Ди лъэпкъым и бжыгъэр нэхъ белджылы хъууэ щыщIидзар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэрщ. 
Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ: Кавказ зауэр зэхаубла нэужь, урыс дзэпщхэми хамэ къэралхэм къикI лIыкIуэхэми ялъытэ хъуащ адыгэхэм (къэбэрдейхэм, беслъэнейхэм, шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм, бжьэдыгъухэм, кIэмыргуейхэм, жанейхэм, н.) я цIыху бжыгъэр. А Iуэхур япэ зыублахэм ящыщщ урыс щIэныгъэлIхэр, тIасхъэщIэххэр, дипломатхэр. Абыхэм я нэхъыбэм а зэманым къызэрагъэлъэгъуамкIэ, адыгэхэм я бжыгъэр мин 300-м къыщыщIэдзауэ мин 500-м нэсу арат. Апхуэдэ бжыгъэхэр къагъэлъагъуэ (XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм тещIыхьауэ) урыс генерал Бларамберг (мин 500), барон Сталь (мин 307-рэ), урыс тIасхъэщIэх Торнау (мин 495-рэ). Адыгэ тхакIуэ, щIэныгъэлI Хъан-Джэрий зэрилъытэмкIэ, адыгэхэр 1836 гъэм мин 265-рэт зэрыхъур. А бжыгъэм нэхърэ зы мащIэкIэ нэхъыбэщ Берже Адольф 1858 гъэм къигъэлъэгъуар – мин 290-рэ. 
ГъэщIэгъуэнракъэ, а бжыгъэхэмкIэ акъылэгъу мэхъу совет зэманым а Iуэхум тетхыхьа щIэныгъэлI зыбжани. Псалъэм папщIэ, Гарданов Константин зэрилъытэмкIэ, XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм адыгэхэм я бжыгъэр мин 500-м щIигъуу щытакъым. 
Адыгэхэм я хабзэхэмрэ я псэукIэмрэ куууэ щыгъуазэ зыхуэзыщIахэм ящыщщ поляк революционер цIэрыIуэ Лапинский Теофил (1826-1886 гъгъ.). 1857 гъэм Шэрджэсым къакIуэри, илъэсищкIэ яхэтащ адыгэхэм (шапсыгъхэм, натхъуэджхэм). ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Лапинскэр щIэмыупщIэнкIэ Iэмал иIакъым адыгэхэм я бжыгъэм, 1863 гъэм Гамбург къыщыдигъэкIа тхылъым («Кавказ бгырысхэмрэ абыхэм я хуитыныгъэм папщIэ урысхэм драгъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ») зэрыщитхымкIэ, кIахэ адыгэхэм (къэбэрдейхэмрэ беслъэнейхэмрэ хэмыту) я бжыгъэр Лапинскэм мин 900-м щIигъуу елъытэ. АбыкIэ щхьэусыгъуэ и мащIэкъым Лапинскэм. 
«Зауэм хэт шэрджэс лъэпкъхэм я бжыгъэр гъэбелджылауэ зыми ищIэркъым, - етх Лапинскэм. - Сэ зэрыслъытэмкIэ, ахэр мин 900-м щIегъу. Урыс тхылъ гуэрым сыщрихьэлIащ нэгъуэщI бжыгъэ - мин 290-рэ. Урыс тхылъхэм кърахыжауэ, европей автор куэдми къагъэлъагъуэ апхуэдэ бжыгъэ… Шэрджэсхэм къезауэ урысыдзэр мин 200-м щIегъу, я хыдзэлIхэм нэмыщI. Иджырей IэщэкIэ зэщIэузэдауэ сэлэт мин 200 шэрджэсхэм къариутIыпщынутэкъым урыс пащтыхьым, абыхэм я хэкум цIыху мин 290-рэ фIэкIа имысатэмэ».
Лапинскэр, зэрыжытIащи, Шэрджэсым къыщыкIуар 1857 гъэрщ – Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъауэщ. Абы и пэкIэ, 1829 гъэм, адыгэхэм я деж тIасхъэщIэх къэкIуауэ щытащ урысыдзэм и генштабым и лэжьакIуэ Новицкий Г. В. Абы а гъэм къызэрилъытамкIэ, адыгэхэр (кIахэ адыгэхэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Псыжь адрыщI ис адыгэхэр) мин 263-рэ хъууэ арат. КъыкIэлъыкIуэ гъэми къытригъэзащ Новицкэм, а гъэм абы дэIэпыкъуащ шапсыгъ лIакъуэлIэш Абат Беслъэнейрэ Убыхрэ – зэкъуэшитIыр. Абат Беслъэней щIэныгъэшхуэ зиIа цIыхущ. Абат зэшхэм къыжраIамрэ езым илъэгъуамрэ трищIыхьри, Новицкэм а гъэм шэрджэсхэр (кIахэ адыгэхэр) мелуанрэ мин 82-рэ хъууэ илъытауэ щытащ (унагъуэ 54110-рэ). Новицкэм зэритхамкIэ, адыгэ унагъуэм цIыху 20 нэхърэ нэхъ мащIэ исакъым (абы щыхьэт тохъуэ а Iуэхум иужькIэ тетхыхьа щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр – адыгэ унагъуэм цIыху 20 е нэхъыбэ зэрисам). Ар я фIэщ хъуркъым зи гугъу тщIы Iуэхур (адыгэхэм я бжыгъэр) ди зэманым зыджа щIэныгъэлIхэм. 
Абыхэм ящыщ куэдым зэратхымкIэ, XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм адыгэ унагъуэм исар, ику иту къапщтэмэ, цIыхуи 8-м фIэкIыркъым (уеблэмэ нэхъ мащIэжщ). Iуэхум нэхъ хэзыщIыкI щIэныгъэлIхэр щыхьэт тохъуэ адыгэ унагъуэм XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм цIыху тIощIи нэхъыби зэрисам. А зэманым адыгэ унагъуэм щIэблэ зыбжанэ зэрисар зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым: я тхьэмадэр псэуху, унагъуэхэр зы пщIантIэ дэсу щытащ, цIыху дапщэ хъуми. Адыгэхэм ятеухуауэ унагъуэкIэ узэджэн хуейр тхьэмадэ зыщхьэщыт пщIантIэрщ, абы дэс хабзэт унагъуэ зыбжанэ – аращ ди тхыдэр щыхьэт зытехъуэр. Новицкэм кIахэ адыгэхэр пщIантIэ (унагъуэкъым) мин 54-рэ мэхъу щыжиIэм, ар щыуакъым, щыуауэ иужькIэ ягъэкъуэншами. Новицкэм зи гугъу ищI пщIантIэм (езым зэритхымкIэ «двор») цIыху 20 зэрыдэсарщ абы кIахэ адыгэхэм я бжыгъэр мелуаным щIигъуу щытауэ щIыжиIэр. 
Къэбэрдей адыгэхэм я бжыгъэм и IуэхукIэ ардыдэр жыпIэ хъунущ: куэдым яфIэфIакъым ахэр зэгуэр (псалъэм папщIэ, XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм) куэд хъууэ щытауэ жаIэни, ятхыни. 
Псалъэм папщIэ, Берже 1858 гъэм зэритхамкIэ, къэбэрдейхэр мин 36-м зэрыщIигъу щыIакъым. Абы акъылэгъу дэхъу щIэныгъэлI щыIащ совет лъэхъэнэми. Абы и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэкъым – сыткIэ нэхъ захуагъэт къэбэрдей адыгэхэм (кIахэхэми) я бжыгъэр зэрыпхузэфIэкIкIэ бгъэмэщIауэ птхыныр – аращ мыгурыIуэгъуэр. Зы щапхъэ закъуэ къэтхьынщ. Урысыдзэм и генштабым и офицер Бларамберг Иоганн 1834 гъэм итхыгъащ (еплъ абы и «Историческое, топографическое, статистическое, этнографическое и военное описание Кавказа» тхылъым) къэбэрдейхэр унагъуэ мин 45-рэ хъууэ – ар 1804 гъэм. Лъыгъажэ зауэмрэ емынэ уз бзаджэмрэ лъэрыщIыкI ящIа нэужь, Бларамберг зэритхымкIэ, Къэбэрдейм къинэжар мин 35-рэ хуэдизщ. Бларамберг щыуэркъым: тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, XVIII лIэщIыгъуэм Къэбэрдейм иса цIыху бжыгъэм щыщу зауэмрэ емынэ узымрэ XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм къелар Iыхьэ пщIанэрщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, XVIII лIэщIыгъуэм (XIX лIэщIыгъуэр къихьэху) къэбэрдейхэм я бжыгъэр мин 500 нэхърэ нэхъ мащIэ хъууэ щытакъым – абы щыхьэт тохъуэ тхыдэр. 1793 гъэм Къэбэрдейм къэкIуауэ щыта академик Паллас Петр-Симон зэритхамкIэ, зауэ къащIэхъуэмэ, къэбэрдейхэм шу мин 20 ягъэшэсыфу щытащ. Къэбэрдейм и тхыдэм щыгъуазэм фIыуэ ещIэ шууэ зауэм Iухьэм я нэхъыбапIэр уэркъхэм къахэкIауэ зэрыщытар: къэбэрдейхэр мелуан ныкъуэ нэхърэ нэхъ мащIэ хъууэ щытатэмэ, уэркъ шу мин тIощI ягъэшэсыфынкIэ Iэмал иIакъым. Уэркъ шу къэс, зэрыхабзэти, зауэлI зытхух щIагъурт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, академик Паллас щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, адыгэхэм зауэм Iуашэфырт, шуми лъэсми, цIыху минищэ. Апхуэдэдзэ зэщIамыгъэшэсэфтэмэ, къэбэрдейхэм 1708 гъэм кърым хъаным и дзэ фIыцIэр (мин 80 хъур) зэхакъутэфынтэкъым – а зауэм и хъыбар куэд къыхэнащ урыс тхыдэми европей авторхэм я тхыгъэхэми. 
Адыгэ унагъуэм цIыху 20-м нэхърэ нэхъыбэ исауэ елъытэ профессор Дзэмыхь Къасболэт. Абы зэритхымкIэ, адыгэ унагъуэм, XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм тепщIыхьмэ, цIыху 20-м къыщыщIэдзауэ цIыхуи 100-м нэс ису щытащ – абы и щхьэусыгъуэр зы адыгэ пщIантIэм унагъуэ зыбжанэ зэрыдэсарщ (зы адыгэ пщIантIэм, зэрыжытIащи, унагъуэ хъуауэ зэкъуэш зыбжанэ дэс хабзэу щытащ). Абы ипкъ иткIэ, Дзэмыхь Къасболэт елъытэ Къэбэрдейм XVIII лIэщIыгъуэм икухэм деж цIыху мин 450-м нэс исауэ. «Тхыдэр щыхьэт тохъуэ, - етх Дзэмыхьым, - къэбэрдей адыгэхэм зы жэщ-махуэм и кIуэцIкIэ шу мин 30 ягъэшэсыфу зэрыщытам. Ар Къэбэрдейм и закъуэ!»
ЩIэныгъэлI куэдыр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, кIахэ адыгэхэм (иджы адыгейкIэ дызэджэ хъуахэм) я бжыгъэр зы мелуанми къыщызэтенэу щытакъым, куэдым ятх а бжыгъэр зы мелуанрэ мин 700-м нэсу зэрыщытар. Псалъэм папщIэ, Дьячков-Тарасов Николай 1853 гъэм итхыгъащ: «Фельдмаршал Паскевич и унафэкIэ зэхуахьэса хъыбархэм ятепщIыхьмэ, бгырысхэм (адыгэхэм) я бжыгъэр зы мелуанрэ мин 700-м нос, абыхэм зауэм Iуашэфынущ зауэлI мин 250-рэ». Псыжь къэзакъхэм я тхыдэр зыджа Щербинэ Ф.А. фIэмащIэщ уеблэмэ Новицкэм къигъэлъагъуэ бжыгъэр – 1082200-р. «Абы нэхърэ нэхъыбэщ шэрджэсхэр (кIахэ адыгэхэр)», - итхыгъащ Щербинэ. 
Адыгэхэм я бжыгъэр зы мелуаным куэдкIэ щIигъуу зэрыщытам щыхьэт тохъуэ Кавказ зауэм и ужькIэ хэкур зыбгынауэ щыта цIыху бжыгъэри. Абхъаз щIэныгъэлI цIэрыIуэ Дзидзарие Георгий зэрилъытэмкIэ, Тыркум Iэпхъуауэ щытащ бгырыс мин 900-м нэс (кавказ зауэм и ужькIэ хэкум къинэжар цIыху мини 10-м щIигъужырткъым). 

 

Поделиться: