Егугъуу ящI

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт системэм зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу Бахъсэн къалэм и «Кооператор» хьэблэм Фрунземрэ (Эльрусскэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Дружбэ уэрамым нэс) Лазомрэ (Гагариным и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Свободэ уэрамым нэсыху) я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр зыхуей щыхуагъэзащ. Зы километрым щIигъу зи кIыхьагъ уэрамитIым асфальт тралъхьащ, бетон къэухьхэр щахъуэжащ, гъуэгу дамыгъэхэр тращIащ. А лэжьыгъэхэм хухахат сом мелуан 17,7-рэ. Лэжьыгъэхэр къезыхьэлIар «Дорстрой» IуэхущIапIэрщ. А гъуэгухэм мыхьэнэшхуэ яIэщ курыт, спортымкIэ школхэр, къэрал, дин IуэхущIапIэхэр зэрытетым къыхэкIыу.
ХьэтIохъущыкъуей къуажэм Iэпщэм и цIэр зезыхьэ и уэрамым, километри 2,6-рэ зи кIыхьагъым, асфальт тралъхьащ. 
 «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэхуэщIэм хиубыдэу Жэмтхьэлэ къуажэм зыхуей щыхуагъэзащ километри 5-м щIигъу зи кIыхьагъ гъуэгур. Абы къыщагъэсэбэпа иджырей пкъыгъуэхэм я фIыгъэкIэ асфальтыр щIэуэ зытралъхьа гъуэгущIэхэр илъэс куэдкIэ зекIуэнущ.
Гъуэгухэр зэрызэрагъэпэщыжым къыдэкIуэу, светофорхэр ягъэуващ, лъэс зэпрыкIыпIэхэр, гъуэгу дамыгъэхэр, Жэмтхьэлэ цIыкIукIэ зэджэ псым телъ лъэмыжым и къэухьхэр къагъэщIэрэщIэжащ. Гъуэгу лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ тынш хъуащ къуажэм дэт къулыкъущIапIэхэм, жылагъуэ администрацэм, пощтым, мэжджытым уекIуэлIэныр. 
 Бабугент къуажэми щызэрагъэпэщыжащ километри 2 зи кIыхьагъ гъуэгу. 2023 гъэр икIыху Шэрэдж щIыналъэм и щIыпIэ щхьэхуэхэм километри 10 зи кIыхьагъ гъуэгу лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIыну я мурадщ. Абы хиубыдэнущ Зэрэгъыж, Балъкъэр Ипщэ къуажэхэм я социальнэ IуэхущIапIэхэм, еджапIэхэм, мэжджытхэм екIуалIэ гъуэгухэр. 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: