УФСБ-м къет

                                ПцIым фIым ухуишэркъым

   Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ хамэ къэрал цIыхухэр Урысей Федерацэм хабзэншагъэкIэ къэгъэIэпхъуэныр  щIыналъэм къыщызэгъэпэщыным  пыщIа гупым ялэжьыр.   

КъызэрыщIагъэщамкIэ,  Гуляевэ М.А., Къейтыкъуэ  К.К.,  Шанкан Ваил  сымэ  КъБР-м щыIэ МВД-м   щIалъхьащ къакIуэхэм  ятеухуа хъыбар нэпцIхэр зратха дэфтэрхэр.  Ахэр я тегъэщIапIэу, IуэхущIапIэхэм щагъэхьэзыращ къэкIуэну  хуит зыщI тхылъхэр.      

Налшык къалэ судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, зи цIэ къитIуахэр къуаншэу къалъытащ  УФ-м и УК-м и  322.1 статьям и 2-нэ Iыхьэм и «а» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэр ялэжьауэ.

Шанкан Ваил  илъэсрэ мази 5-рэ къызэрыгуэкI колонием щигъэкIуэнущ,    Гуляевэ М.А. -  условнэу  1 илъэсрэ мази 6-рэ тралъхьащ,  Къейтыкъуэ   К.К. -  зы илъэс тутнакъэщым имысу ипшынынущ.

                   Сом мини 100 ипшынынущ

Экстремизмэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ  Дзэлыкъуэ районым щыпсэу Мамбэт И.А.  Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр гъэпудыным ехьэлIауэ зэхищIыхьхэр.

ЗэраубзыхуамкIэ,  ар нэхъапэми  административнэ жэуапым ирашэлIауэ щытащ  УФ-м и  КоАП-м и 20.3.3 статьям и 1-нэ IыхьэмкIэ, арщхьэкIэ  2023 гъэм и мэлыжьыхьым  етIуанэу социальнэ сетхэм язым кърилъхьащ  УФ-м и дзэр хэзыутэ хъыбархэр.       

Дзэлыкъуэ район судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ  иткIэ, Мамбэт И.А. УФ-м и УК-м и  280.3 статьям и 4-нэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуа щIэпхъаджагъэр зэрилэжьамкIэ къуаншэу къалъытащ,  абы къуэдыуэ тралъхьащ сом мини 100 ипшыныну.  

 

Зыгъэхьэзырар УАРДЭ  Женящ.

Поделиться: