И зэфIэкIыр Мэзкуу щигъэлъэгъуэнущ

Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэ къэрал кIуэцI къулыкъум и майор Шэшэн Аслъэн  бжьыпэр щиубыдащ  «Урысей ФССП-м и дознаватель нэхъыфI»  урысейпсо зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэм.

Ар щекIуэкIащ Урысей ФССП-м и Управленэ нэхъыщхьэм  и еджапIэ-методикэ центрым и хэщIапIэу Ростов областым щыIэм.    

Зэпеуэм щытекIуамрэ  увыпIэ нэхъыщхьэхэр зыубыдахэмрэ   къыхахащ  абы хэтахэм я лэжьыгъэмрэ я IэщIагъэм зэрыхуэщIамрэ елъытауэ. Абыхэм ягъэлъэгъуащ къэралым щызекIуэ хабзэхэм  зэрыхащIыкIыр,  ахэр къазэрыхуэгъэсэбэпыр.    

Зэхьэзэхуэр къэзыпщыта  комиссэм  и унафэкIэ  нэхъыфIу къалъытащ        Шэшэн Аслъэн. Иджы ар   ди щIыналъэм и  цIэкIэ   хэтынущ икIи къэралым и дознаватель нэхъ лъэщ цIэм щыщIэбэнынущ бжьыхьэм Мэзкуу щыщекIуэкIыну кIэух зэпеуэм.       

ДыщIыдгъужынщи, илъэс къэс ирагъэкIуэкI мы зэпеуэм  и купщIэ нэхъыщхьэр суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и лэжьыгъэмрэ а IэнатIэм пэрытхэмрэ я Iуэху зехьэкIэр  егъэфIэкIуэнырщ. 

 

                                                                                              БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться: