КъБР-м и прокуратурэм и жылагъуэ советыр илъэс 30 ирикъуащ

ШыщхьэуIум и 28-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм  щекIуэкIащ я ветеран  организацэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ.  

Iуэху гуапэм хэтащ  ветеран организацэм  и тхьэмадэ Мэшыкъуэ Хьэчим,  ветеранхэр, республикэ прокуратурэм и  къудамэхэм я унафэщIхэр. 

КъБР-м и прокурорым и къалэнхэр  зыгъэзащIэ Сысоенков Андрей жиIащ я ветеран организацэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр,  лэжьакIуэщIэхэм  ахэр я  щапхъэу зэрыщытыр.  

Мэшыкъуэ Хьэчим прокуратурэм и унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ фIыщIэ яхуищIащ сыт щыгъуи зыкъызэрыщIагъакъуэм, Iуэху зэрызэдащIэфым папщIэ. 

Сысоенков Андрейрэ    Машыкъуэ Хьэчимрэ  прокуратурэм щылэжьа нэхъыжьхэм  ехъуэхъуащ,  узыншагъэ мыкIуэщI, зэIузэпэщыгъэ яIэну зэрагуапэр жаIащ. АдэкIэ къызэхуэсахэм республикэм законностымрэ хабзэмрэ къыщызэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа я лэжьакIуэхэр ягу къагъэкIыжащ, къэмылэнджэжу Хэкум хуэлэжьа  я  лэжьакIуэхэм я фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.    

                                      Зыгъэхьэзырар УАРДЭ Жантинэщ.

 

 

 

 

 

 

Поделиться: