Кфар-Камэ щекIуэкIа адыгэ зэхыхьэм и макъ![]() ПщIыхьэпIэм хуэдэт, Кфар-Камэ къуажэр, шэч хэмылъу, адыгэ лъэпкъым и жылэхэм къахэлыдыкI щIыпIэщ. Узэхъуэпсэнщ икIи щапхъэ зытепхын къуажэщ ар. Иджы ещанэу Кфар-Камэ сыщыIащи, шэч къытезмыхьэу жысIэфынущ: нэхъ къуажэфI слъэгъуакъым. Абы ущыдэткIэ, нэм илъагъури тхьэкIумэм зэхихри щIэщыгъуэщ икIи гуапэщ. Зы пщIыхьэпIэ гуэрым укъыщыхута хуэдэу къыпщохъу, ауэ псори нахуапIэщ. Хэхэсхэми, адэжь хэкум пэIэщIэхэми, адыгэхэр щыпсэу адрей щIыпIэхэм елъытауэ цIыхущхьэкIэ нэхъ мащIэми, я анэдэлъхубзэр яхъумэу, ар ягъэшэрыуэу, тхыдэм хащIыкIыу, хабзэ яхэлъу, зэрылъытэу мэпсэу. ГуфIэгъуэм и джэрпэджэжыр адыгэ псоми ялъоIэс Илъэс къэс зы адыгэ къэфакIуэ гуп ирагъэблагъэ къуажэм. Мы гъэм фестивалым хэтар Тыркум щыIэ Эскишехир къалъэм никIахэрт. «Щыблэ» къэфакIуэ гупыр зы тхьэмахуэкIэ Кфар-Камэ щыхьэщIащ. Илъэс къэс гуп зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрырагъэблагъэм щхьэусыгъуэ иIэщ. Япэ пшыхь Кфар-Камэ фестивалыр пщыхьэщ- хьитIкIэ йокIуэкI. Япэ махуэм жылэм и уэрамхэм зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр щокIуэкI. ЦIыхухэр, хы уэрым хуэдэу, къуажэм къыдохьэ. Махуэ псокIэ зыплъыхьакIуэхэм къыщакIухь, адыгэ къуажэм нэIуасэ зыхуащI. Адыгэ лъэпкъ пщIантIэу абы дэтым ирагъэблагъэ, адыгэхэм ятеухуа хъыбархэр хуаIуатэ, адыгэ къафэхэм ирагъэплъ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр Iуагъахуэ. Кфар-Камэ къакIуэу зыщаплъыхьын папщIэ гъуэгуанэшхуэхэр къызэпач зекIуэ къежьахэм икIи ялъагъур апхуэдизкIэ яфIэтелъыджэщи, езэшыркъым. Лъэпкъ нэщэнэ псори Адыгэ лъэпкъым и хъыбар кфаркамэдэсхэм Израилым зэпымычу щаIуатэ. Мы къуажэм лъэпкъым и нэщэнэ псори щыплъагъунущ. Жылэм и уэрамхэм я цIэхэр адыгэбзэкIэ тетхащ, адыгэ ныпыр дэнэкIи щыфIэдзащ, адыгэбзэ къабзэ щоIу, цIыкIуи ини я анэдэлъхубзэр ящIэ, адыгэ макъамэхэр къыщрагъауэ. ЕтIуанэ пшыхь ЕтIуанэ махуэми фестивалым къыпащэри, къуажэм дэт концерт гъэлъэгъуапIэ зэIухам цIыхухэр къыщызэхуос. Абы цIыху мин зыбжанэ йохуэ. Адыгэхэм нэмыщI, адыгэ джэгум еплъыну, адыгэ уэрэдхэм едэIуэну турист мин зыбжанэ Кфар-Камэ къыщызэхуос. Къуажэм и «Ди псэ» къэфакIуэ гупымрэ Эскишехир Хасэм и «Щыблэ» ансамблымрэ чэзууэ утыкум къытохьэ. Абыхэм Iэгуауэ ин хуаIэту, я гур хэхъуэу зэхэсщ къекIуэлIахэр. - Мыпхуэдэ фестивалхэр къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм нэхъыбэрэ щызэхашэми ди гуапэ хъунут, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, - жеIэ Эскишехир Хасэм и тхьэмадэ Тэнащ Джихьэн. - Мыр адыгэхэм лъэпкъ лъэмыж яхуохъу жыпIэмэ, ущыуэнукъым, зэлъэпкъэгъухэр зэрегъащIэ, нэIуасэ зэхуещI, ныбжьэгъу зэхуохъу. Фестивалыр еух, ауэ ныбжьыщIэхэм я зэныбжьэгъугъэм къыпещэ, нэхъ быдэ хъу зэпытщ. Апхуэдэуи бзэр, хабзэр хъума хъунымкIэ апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр хуабжьу сэбэпщ. ЗэIущIэ гуапэхэр Кфар-Камэ фестиваль махуэхэм адыгэ макъамэр щхьэщыкIыркъым, концерт нэужьхэм джэгухэр зэхашэ, зэлъэп- къэгъухэр зэхэмыкIыжыфу жэщыр хэкIуэтэху мэтхъэж. ХьэщIэхэр щыщыIэ тхьэмахуэр абыхэм я дежкIэ лъэпкъ махуэшхуэ мэхъу. Илъэсым зэ къахуохуэ апхуэдэ IутIыж. Абы хьэщIэу къеблагъэхэр трагуашэри, унагъуэхэм яхэсщ, зыхуей хуэзэу ягъэхьэщIэ. КъэпIуатэкIи пхуэухыркъым НэгъуэщI къэралхэм къыщалъхуауэ, къыщыхъуауэ Кфар-Камэ псэупIэ зыхуэхъуахэри щыIэщ. Языныкъуэхэр нысэу къашащ, адрейхэр жылэм щыщ бзылъхугъэ щхьэгъусэ яхуэхъури, адыгэ къуажэм къыдэтIысхьэжащ.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2026 - 13:09 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
17.04.2026 - 11:08 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
17.04.2026 - 10:50 →
Я псэр зы чысэм илът
17.04.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
16.04.2026 - 16:19 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ ИУНАФЭ
| ||






