Къуажэм и зы теплъэгъуэ

Шыхэр

Ди республикэм и жылэхэм шыхэм я щхьэ бжыгъэр щызэфIагъэувэж, 20-30 зиIэхэми уащрихьэлIэ къэхъуу. Гъэмахуэ псом абыхэм я нэхъыбэр хъупIэхэм щаIыгъщ, бгылъэ щIыпIэхэм я хъун бэгъуам хэту бжьыхьэм техьа псэущхьэхэр езыхэр къарууфIэрэ я фэри фIыуэ. Ди республикэм иIэщ шы лъэпкъыфIхэр къэгъэхъуным телажьэ хозяйствэ щхьэхуэхэри, ахэр фIыуэ зылъагъуу, зыбжанэ нэхъ мыхъуми, зыгъэхъуну хуей фермерхэри. Абыхэм хъупIэхэри шыхэм ирагъэшхыну мэкъумылэмрэ Iусыпхъэмрэ къызытрахыну щIы кIапэхэри яIэщ, ауэ псом нэхърэ нэхъ фIыщIэ яхуэфащэу къуажэдэс къызэрыгуэкI дапщэ щыIэ шитI-шищ я пщIантIэм щызэрахуэу. Апхуэдэхэм я фIыщIэщ ахэр зэрымыкIуэдыжыр.

Унагъуэхэм къадэгъуэгурыкIуа а псэущхьэ дахэхэр фIыуэ ялъагъуу аркъудейщ. Псыгуэнсу къуажэм и бгы екIуэкIхэм я щыгу нэхъ хэIэтыкIам хуэзэу шы щхъуапцIэ дахэшхуэ махуэ псом кIэрытщ, абдеж дыдэм щыхатIа шы фIэдзапIэм IумпIэкIэ епхауэ. Дауи, щыгутес хьэблэм щыщщ зейр.

 Iэгъуэблагъэр езым ейуэ къызыщыхъужа шыр хуиту мэхъуакIуэ, мэщыщ…

Махуэ гуэрым абы и Iэхэлъахэм къихутащ пцIэгъуэплъитI, шыщIэ цIыкIу ящIыгъуу. Джабэ нэкIур «зейм» и дзэхэр яхузэрегъэшх, и фIалъэ лъакъуитIымкIи щIыр къретхъу, и шхуэ кIыхьышхуэм здынигъэс гъунапкъэм щыфIэмыкIыфми, ахэр зэригъэшынэнIауэ къигъанэркъым. Абы и ипкI-илъым игъэшынахэр, сыт ящIэнт, жыжьэу IукIуэтыжащ. АрщхьэкIэ, зи джэгугъуэ шы цIыкIур яхуэубыдыркъым - къижыхьым къижыхьурэ, шы бзаджэжьым гъунэгъу дыдэ щыхуэхъуи щыIэщ. Ар зыIэщIэкI  адэ-анэм бэлыхьыр ятелъу шыщIэм кIэлъоIэ модрейм бгъэдамыгъэхьэну. Ауэ ахэр гугъу ирегъэхь хуиту имыгъэбакъуэу ярылъ лъахъуэхэм. Дауи, шыр зейр егупсысакъым а псом: шитIыр жыжьэ IумыкIмэ, шыщIэри дэнэ кIуэн, жиIагъэнщ. Абы сыткIэ ищIэнт, джабэ нэкIум кIэрытыр а шыщIэ цIыкIуми, Iэрыхьэ закъуэмэ, зэрыщымысхьынум. Аращи, шы тхьэмыщкIитIыр хъуэкIуэн зэрыхуейри ящыгъупщэжауэ, зи лъэр темыпыIэ шыщIэр здэкIуэмкIэ макIуэ, ар шы бзаджэм и Iэхэлъахэм щахъумэн хуейрэ, лъахъэми Iэмал къаримыту.. Шыр зейм, дауи, ахэр хъуакIуэу и гугъэщ…

Апхуэдэ теплъэгъуэхэмкIэ гъэнщIа къуажэ гъащIэм шыхэм езыхэм я увыпIэ щхьэхуэ щаIэжщ. Дауэ мыхъуми, шыхэр фIыуэ зылъагъу къуажэдэсхэр щыIэщ икIи абыхэм я фIыщIэкIэ а псэущхьэ дахэхэр хъума мэхъу.

Лъостэн ФатIимэ.

 

Поделиться: