Зэхыхьэ гуапэ

 ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм  щагъэлъэпIащ   зигъэпсэхуну  тIысыж  я  лэжьэгъу   Абдуллаев Алий   Магомед и къуэр. Ар КъБР-м   щIыхь   зиIэ    и юристщ, управленэм  къызэгъэпэщыныгъэ-кIэлъыплъыныгъэ  IуэхухэмкIэ, дэфтэрхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ, цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ зэрызыкъыхуагъазэхэм хэплъэнымкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ, илъэс 23-м щIигъукIэ къулыкъу ищIащ.  

Псалъэ гуапэ куэд хужаIащ Iуэхур зыхуэгъэпсам.  Абы и лэжьэгъухэм  къыхагъэщащ  къэрал кIуэцI къулыкъум и майорым  и пщэрылъхэр сыт щыгъуи  нэсу зэригъэзэщIар,    хабзэ зыхэлъ  цIыху щыпкъэу зэрыщытыр.

Гупым къабгъэдэкIыу абы  фIыщIэ хуищIащ Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  Суд пристав нэхъыщхьэ   Бауаев Ахъмэт:   «Зыбгъэпсэхуну  уIуокIыж.   Уи махуэхэр гуфIэгъуэкIэ гъэнщIауэ щытыну ди гуапэщ,  гъащIэр зыфIэфI   цIыхуущ узэрытцIыхури, дяпэкIи апхуэдэу ущытыну дыхуейщ. Ди гум къыбгъэдэкIыу  дынохъуэхъу насыпышхуэрэ зэIузэпэщыгъэрэ уиIэну».   

А махуэ дыдэм  ягъэлъэпIащ, псалъэ гуапэ куэд хужаIащ илъэс 50 ирикъуа,  КъБР-м щыIэ УФССП-м и къудамэхэм я зым и  унафэщIым и къуэдзэ, управленэм и лэжьыгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ  хуэзыщI  Шыхъуэстэн  Руслан.  

Къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ республикэм щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэхэу     Холамханов  Къайсынрэ  Мыз   Джульетэрэ. 

ЯгъэлъапIэхэм зэIущIэм и кIэухыу иратащ управленэм и унафэщIхэмрэ гупымрэ къабгъэдэкI  фIыщIэ тхылъхэмрэ гукъинэж ящыхъуну  тыгъэхэмрэ.    

                            Зыгъэхьэзырар УАРДЭ Жантинэщ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Поделиться: