Жылапхъэм хохъуэКъэбэрдей-Балъкъэрым жылапхъэ нартыхум и куэдагъым иужьрей илъэситхум тонн мини 3-кIэ хигъэхъуащ, ар процент 25-кIэ нэхъыбэщ яIэу щытам нэхърэ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ къитащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Республикэм и мэкъумэшыщIэхэр нартыху жылапхъэкIэ ирикъуу къызэрызэрагъэпэщам имызакъуэу – илъэсым зыхуеинур тонн мини 3,5-рэ мэхъу, - атIэ Урысейм и нэгъуэщI щIыпIэхэми, хамэ къэралхэми ирагъашэ. Унагъуэ фермэхэм грантхэр иратКъэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым унагъуэ фермэхэм УФ-м, КъБР-м я бюджетхэм къыхэкIыу, къэрал дэIэпыкъуныгъэм хыхьэу сом мелуан 52,6-рэ гранту иратащ.
Грантхэр къахьыну хуейуэ зэхьэзэхуэхэм хэтахэм ящыщу къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр ялъысащ унагъуэ фермэу 8-м. Я уней IуэхущIапIэхэм зрагъэужьын папщIэ грант ахъшэу абыхэм хуаутIыпщащ ику иту сом мелуан 6,58-рэ зым къылъысу.
Поделиться:
Читать также:
09.05.2024 - 13:09 →
ЦIыхубэр зэрыпагэ, зэрыгушхуэ
09.05.2024 - 12:07 →
Путин Владимир и къулыкъум пэрохьэ
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
|