Жыгхэр хасэ![]() Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIV зэIущIэшхуэм и пэ къихуэу, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм фокIадэм и 18-м къыщызэIуахащ «Зэныбжьэгъугъэм и лъэс лъагъуэр». Жыг 17 хасащ ДАХ-м и Конгрессым хэтыну къэкIуахэм. Япэ жыгыр хасащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ. КъыкIэлъыкIуэхэр ягъэтIысащ Амман (Иордание) щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ, генерал-лейтенант Дыгъужьокъуэ Мухьэмэд, Сирием и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Шорэ Гъэсан, Европэм щыIэ хасэхэм я федерацэхэм я унафэщI Вэрокъуэ Зати, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шапсыгъым, Мэздэгу, Ставрополь щIыналъэхэм щызэхэт адыгэ хасэхэм я лIыкIуэхэм.
Поделиться:
Читать также:
11.07.2026 - 13:45 →
Унагъуэ. Лъагъуныгъэ. Зэхуэпэжыныгъэ
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
11.07.2026 - 12:26 →
Яухынущ дызэрыт илъэсым
11.07.2026 - 11:18 →
Къызэрагъэпэщынущ кIэлъыплъыныгъэ
11.07.2026 - 11:00 →
Къалэм и зэIузэпэщыгъэр яубзыху
| ||





