ЩытыкIэр ирагъэфIакIуэ

Къулъкъужын Ипщэ къуажэм иджырей мардэхэм тету зыхуей щыхуагъэзащ цIыхур зэфэну псыр къыщыщIаш щIыпIэхэмрэ псы хъумапIэхэмрэ.

Псыр зрагъэлъадэ, ар къыщихуу из щыхъуам деж лейр къызэрырагъэжыж пкъыгъуэхэр щIэуэ ягъэуващ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ къуажэдэсхэм зэпымыууэ икIи пэрыхьэту псы зэфэнумрэ зэрыIэбэнумрэ ягъуэтынущ.

«Псы къабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу нэхъапэIуэкIэ мы жылэм и псы жапIэхэми зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэр халъхьащ, псы хъумапIэщIэхэр щагъэуващ.

Лэжьыгъэхэр къыщрахьэлIащ Куба, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэхэми: бжьамийуэ километрипщI щIалъхьащ, псы къыщIэшыпIэщIэ щаухуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ псымкIэ къызэгъэпэща хъуащ къуажэдэс 3000.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: