Ухуэныгъэ нэхъыщхьэхэр

Бжьыхьэ уэлбанэхэм щIимыдзэ щIыкIэ Псыхъурей къуажэм зыхуей щыхуагъэзэнущ уэшхыпсыр зрикIуэ кIэнауэхэр.

Къуажэдэсхэм псыр ящIэмыуэн папщIэ кIэнауэхэр и чэзум гъэкъэбзэныр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Зыхуеину техникэхэмкIэ къызэгъэпэща, щIыналъэм и «Водоканал» IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм пхъэнкIийхэр, кIэрыхубжьэрыхухэр, пшахъуэр, абыхэм я Iуфэхэри ягъэбыдащ, псыхьэлыгъуэр зэкIуалIэ псы зэхуэхьэсыпIэхэр зыгъэсея удзыжьхэри къыдагъэкъэбзыкIащ. Зи гугъу ящI кIэнауэхэм унагъуи 100-м нэс уэшхыпсым щахъумэнущ.

Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ - Бахъсэн къалэм къихьащ «ЩIыпIэм щыпсэухэм япыщIауэ щытын, жылэм и самоуправленэм и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэн» фIэщыгъэм щIэту иджыблагъэ екIуэкIа урысейпсо зэпеуэм и грантыр. Абы ипкъ иту кърата сом мелуани 9-р уэшхыпсыр зрикIуэну кIэнауэхэр ухуэным трагъэкIуэдэну зэгурыIуащи, лэжьыгъэхэр мыгувэу и кIэм нагъэсынущ.

Бахъсэн къалэмрэ Ислъэмей къуажэмрэ я зэхуакум хуэзэ хьэблэщIэм метр зэбгъузэнатIэ мин 26-рэ хъу курыт еджапIэ щаухуэ. Къатищу зэтет школыр IыхьиплIу зэхэтщ. Амфитеатр щапхъэм тету щIа абы и актовэ залым зэуэ щIэхуэнущ цIыху 560-рэ. ЕджапIэ пэшхэм къищынэмыщIауэ, школым хэтынущ творческэ IэпщIэлъапщIагъэм щыхуагъасэ IэнатIэ, еджакIуэ мин ныкъуэм тещIыхьа шхапIэ, фэбжьхэм уащызыхъумэ алэрыбгъу IэрыщIкIэ къищIыкIа волейбол, баскетбол джэгупIэхэр. Школым хэт стадионым щрагъэкIуэкI хъунущ топджэгумкIэ республикэпсо зэхьэзэхуэхэр. Абы къищынэмыщIауэ, еджапIэм хэтщ иджыри спортзалитI.

Иджырей мардэхэм тету яухуэ школыр мы илъэсым и кIэм хьэзыр хъунущ.

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться: