Дызыщымыгъуазэ гъэщIэгъуэнхэр

• Сабий тхакIуэ цIэрыIуэ, таурыхъ куэд къэзыгупсыса Андерсен Ганс Кристиан щыуагъэ химыщIыхьу псалъэ мащIэ дыдэщ хуэтхыу щытар.
• Динозавр нэхъ ин дыдэу дунейм къыщагъуэтам и кIыхьагъыр метр 30-м щIигъурт, тонн 80-м щIигъу и хьэлъагът.
• Хэку зауэшхуэм щыгъуэ Берлин къалэм япэу дадза бомбэм иукIауэ щытар абы и зоопаркым иса пыл закъуэрщ. 
• 1941 гъэм Совет Союз къэралыгъуэм лэжьапIэ IэнатIэ пэрыт цIыхум сабий имыIэу щытмэ, абы и улахуэм проценти 6 налогыу хагъэкIырт.
• Дакъикъэ тIощIкIэ махуэ къэс лъэсу къэпкIухьыу щытмэ, илъэсым къриубыдэу уи хьэлъагъым килограммищ кIэрыхунущ. 
• «ЭлектрокъарукIэ къоуэ шэнт» жыхуаIэр къэзыгупсысар дзэ дохутырщ. 
• ЦIыхум и лъынтхуэхэр псори зэпыбгъэувэурэ букъуэдиймэ, абы и кIыхьагъыр километр мин 96-м нэблэгъэнущ. 
• ТхьэкIумэм ирищIэ серчэр тхьэкIумэм и узыншагъэмкIэ сэбэпщ.
• Дунейм нэхъ къулей дыдэу тет унагъуищым я мылъкур нэхъ тхьэмыщкIэ дыдэу псэу къэрал 48-м зэхэту яIэм нэхърэ нэхъыбэщ. 
• ЦIыхуу дунейм тетым я процент II-р Iэсэмэгущ.
• США-м и Нью-Джерси штатым и къалэ Кресскиллым щыпсэу джэдухэм къанэ щымыIэу уэзджынищ я пщэм илъын хуейщ, абыхэм къыщакIухь щIыпIэр къуалэбзухэм ящIэн щхьэкIэ. 
• Зы цIыху гъащIэм къриубыдэу гур ику иту меларди 3-рэ мелуан 300-рэ хуэдизкIэ къоуэ.
• Мазэр ЩIым нэхърэ хуэдэ 80-кIэ нэхъ псынщIэщ.
• Сахарэ къумым щыIэ Тегазэ къалэм шыгъум къыхэщIыкIа унэхэм уащыхуозэ. А щIыпIэр дунейм и нэхъ уэгъу дыдэхэм ящыщщ. 
• Инджылызым машинэкIэ хьэм ущыжьэхэуэмэ тезыр нэхъ ткIий къыптралъхьэнущ, цIыхум ужьэхэуэ нэхърэ. 
• 18-нэ лIэщIыгъуэ пщIондэ Урысейм езым и нып иIакъым. 
• Сырыхухэм я щхьэцыр нэхъ Iувщ.
• Къупщхьэр хуэдитхукIэ нэхъ быдэщ гъущIым нэхърэ.
• Лэныстэр къэзыгупсысар Леонардэ да Винчищ.
• Инджылызым и къалащхьэм Лондон фIащын ипэкIэ абы мыпхуэдэ фIэщыгъэхэр зэрихьащ – Лондониум, Люденвик, Люденбург.
• Американ тыкуэнхэм псом нэхърэ нэхъыбэу щадыгъур «Библие» тхылъырщ.
• Шыдым и нэр апхуэдэу игъэтIысхьащи, и лъакъуиплIри зэуэ елъагъуж. 
• Американхэм зы махуэм къриубыдэу пиццэу яшх гектар I8 хуэдиз щIыналъэ зыубыдын.
• НэщIэпкIэхэр мышхэу илъэсищкIэ жеифынущ.
• ЗэтIолъхуэныкъуитIым языхэзым и дзэр Iухуамэ, адрейм ейми а дзэ дыдэр Iухунущ. 
• ЩIыбагъкIэ техуа мэлыр езыр къэтэджыжыфыркъым. 
• Щыблэм иукIа хьэкIэкхъуэкIэм и хьэдэр адрей псэущхьэхэм яшхыркъым. 
• ЦIыхухъум и гур нэхъ хуэму къоуэ, цIыхубзым ейм нэхърэ. 
• Дзыгъуэшхуэр къатитхуу зэтет унэм и щхьэм къехуэхыу щытми зыри къыщыщIынукъым. 
• Илъэс къэс дыгъэм тонн мелуан 360-рэ хуэдиз кIэроху. 
• Леонардэ да Винчи бэзэрхэм къыщищэхурт хъархэм ису яIыгъ псэущхьэхэри, иужькIэ иутIыпщыжырт.
• ЩыIэ хабзэмкIэ, Инджылызым и «Уэмбли» топджэгу стадионым тренировкэ гуэри щрагъэкIуэкIыну хуиткъым. 
• Джей щIыхур пыл 23-м нэхърэ нэхъ хьэлъэщ.
• «Испание» псалъэм «тхьэкIумэкIыхьхэм я щIыналъэ» жиIэу аращ.
• Страусым и нэхэр и щхьэ куцIым нэхърэ нэхъ инщ. 
• Сырыхухэм я жьакIэр нэхъ псынщIэу къокIыж, къамылыфэхэм ейм нэхърэ.
БАТОКЪУЭ Албэч.
Поделиться:

Читать также: