ЦIыхухэм я тыншыгъуэр къызэрагъэпэщу

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ иужьрей илъэсхэм ди щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIэкIащ. ЗэрытщIэщи, жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъуэгу зэIузэпэщхэм, абыхэм зыкъомкIэ елъытащ цIыхубэм я щыIэныгъэри. Апхуэдэу, лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ, Май щIыналъэм и жылагъуэ зыбжанэ зэпха Шэрэджыпсым телъ лъэмыжым и зэгъэпэщыжыным гъуэгуухуэ IэнатIэхэр иужь ихьащ.
Лъэмыжым Май къалэ – Заречнэ – Новоивановскэ жылэхэр зэпещIэ. А зы лъэмыжращ щIыналъэм ит къуажэхэмрэ Майкъалэрэ зэзыпхыр, цIыхухэр зэрызэлъэIэсыр. Лъэмыжыр Хэку зауэшхуэм ипэкIэ ящIахэм ящыщщ. Абы лъандэрэ мызэ-мытIэу зэрахъуэкIащ, псым трихыу щIэрыщIэу щытралъхьэжаи къыхэкIащ. Иджы телъыр зэращIрэ илъэс блыщIым щхьэдэхащ, ауэ ар зэрызэрамыгъэпэщыжрэ зэманыфI дэкIащ. Иужьрей дыдэу гъуэгуухуэхэр абы щеIусар I980 гъэхэрщ. Аращ къызыхэкIар жьы хъуа лъэмыжыр трахыныр, и лъабжьэр ягъэжу ибгъухэр гъуэгущхьэIухэм къыхагъэхьэжыныр.
Метр 90 зи кIыхьагъ лъэмыжыр щIэрыщIэу тралъхьэжу жыпIэ хъунущ. Гъуэгуухуэхэм лъэмыжым и екIуэлIапIэхэр трахри, ар зыбгъэдыхьэ псыхъуэ ныджэхэр къатIэщIащ. Мы лъэхъэнэм псыпцIэ удзыжьым зэщIищта псыхъуэ нэпкъхэр ягъэкъабзэ, автомашинэхэр пIалъэкIэ щызекIуэн хуэдэу гъуэгу тралъхьэну псы кIуапIэхэр щхьэдагъэу. Абы къыдэкIуэу гъуэгуухуэхэм ныджэ егъэбыдылIапIэхэр нэхъ бгъуэ ящIыну, лъэмыжыр нэхъ лъагэу яIэтын щхьэкIэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэмыжым и лъэгур зытрагъэжыхьыну щIыпIэхэм и куууагъыр къалъытащ, лъэмыж бгыкъухэмрэ щхьэIумрэ здыхагъэувэнур ягъэнэхуащ. Лъэмыжым и пкъыр псыхъуэ нэпкъхэм хагъэжыхьа нэужь, лъэныкъуитIымкIэ къекIуалIэ гъуэгухэм хыхьэжу асфальтобетон тралъхьэну я гугъэщ. Къыхэгъэщын хуейщ лъэмыжым ирахьэлIа лэжьыгъэр зэрыщыту цIыхум и шынагъэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ мардэхэми, гъуэгум и фIагъыр къэзыIэт щапхъэхэми зэрытехуэр.
Лъэмыжым ирикIуэ гъуэгур Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэ зыужьыныгъэр зэлъыта зекIуапIэхэм ящыщщ. Абы къуажэхэр зэпищIэ къудейкъым, атIэ Iуэхутхьэбзэ хуэзыщIэ социальнэ IуэхущIапIэхэр зэрепх. Май къалэм щIыналъэпсо мыхьэнэ зиIэ сымаджэщыр, къэрал IуэхущIапIэхэр дэтщ. Къуажэхэм къикI гъуэгур лъэмыжым зэрикIым къыдэкIуэу, цIыхум я узыншагъэмрэ шынагъэншагъэмрэ къызэгъэпэщынымкIэ и мыхьэнэр зэрыиным къыхэкIыу ухуэныгъэр къэралым и нэIэм щIэтщ.
Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ кърахьэжьа Iуэхур щаухынур етIанэгъэщ. Мы далэм Май къалэ – Заречнэ – Новоивановскэ жылэхэр зэзыпх гъуэгум щыщу километритIрэ ныкъуэрэ зэрагъэпэщыжащ. Апхуэдэу, щызекIуэгъуей хъуа гъуэгум телъ асфальт къилъэлъар къытрахри щIэ тралъхьащ, гъуэгум тещIэн хуей дамыгъэхэр къыхалыкIыжащ, гъуэгубгъухэм ирикIуэ лъэс лъагъуэхэр щIэрыщIэу яукъуэдиижащ, зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщащ, гъуазэхэр гъуэгущхьэIухэм трагъэувэжащ. Зэгъэпэщыжа гъуэгум и зы Iыхьэщ лъэмыжри, ар къыдыхыхьэжу етIанэгъэ пщIондэ километрипщIрэ ныкъуэрэ къыпагъэхъуэнущ. Ар фIыуэ нэхъ кIыхьщ, Новоивановскэ къуажапщэм къыщегъэжьауэ Май къалэ дэжыпIэм нэс зэрепх.
Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэмыжым епха лэжьыгъэхэр къыхуагъэува пIалъэм иту йокIуэкI, ухуэныгъэ технологием къигъэув мардэхэр зыри къэмынэу нэсу ягъэзащIэ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: