Сом мелуан 770-м щIигъуЭкономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ Мэзкуу къалэм щыпсэум зэрихьэ щIэпхъаджагъэр. Ар ящыщщ хабзэншагъэкIэ «мылъку пирамидэ» къызэзыгъэпэщахэм. 2021 гъэм гъэпцIагъэкIэ абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм яIэщIихащ сом мелуан 700-м щIигъу. КъБР-м и Налшык къалэ судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, Шерстюк К. А. къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 210-нэ сатьям и 2-нэ Iыхьэм, 159-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм, 174.1 статьям 4-нэ Iыхьэм и «а», «б» пунктхэмкIэ икIи къызэрыгуэкI колонием щигъэкIуэну илъэситI тралъхьащ. НаркотикхэкIхэр игъэкIыным пыщIат КъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм хабзэншагъэкIэ наркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ Шэджэм районым щыпсэу Нэгъуей А.Х. афиянхэкIхэр игъэкIыным пыщIауэ илэжь хабзэншагъэр. Ар мы гъэм и щIышылэм яубыдащ икIи къыщащым къытрахащ наркотикхэкIхэу «метадон» грамм 26,57-рэ «мефедрон» грамми 3,99-рэ.
Поделиться:
Читать также:
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
01.05.2024 - 11:18 →
CурэтыщI ныбжьыщIэхэр утыку къохьэ
01.05.2024 - 10:01 →
ЗэчиифIэм и щапхъэ
01.05.2024 - 08:58 →
Дызэкъуэтмэ, дызэрыIыгъмэ...
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
|