ЗэIущIэшхуэм къыщопсалъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ са­моуп­равленэмкIэ и советым и тхьэмадэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Андзор иджыблагъэ хэтащ икIи къыщыпсэлъащ Санкт-Петербург къалэм щекIуэкIа, БРИКС+ дунейпсо муниципальнэ зэхуэ­сыгъуэм и 5-нэ зэIущIэм. 

Ар хуэунэтIауэ щытащ ди блэ­кIам­рэ къэкIуэнумрэ зэпы­щIэ­ным, дуней псом ар щыхэп­щэ­ным, зызыужь къэралхэм я ­къалащхьэхэмрэ муниципальнэ щIы­пIэхэмрэ социально-экономикэ я лъэныкъуэкIэ зегъэу­жьы­ным, абы щхьэкIэ щIапхъэхэм, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэуи абы щытепсэлъыхьащ финансхэм, хэрычэт щIэн Iуэхухэм, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм нобэ щытепщэ Iуэхугъуэхэм, щIэуэ къы­хыхьахэм. 
Iэхъуэбэч Андзор и къэпсэ­лъэ-ныгъэр теухуауэ щытащ социальнэ, экологие мыхьэнэ зиIэ Iуэху­гъуэхэм бизнесыр къыхэшэ­ным, абы и фIыгъэкIэ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
БРИКС+ зэIущIэшхуэм и лэ­жьыгъэм хэтащ Азием, Африкэм, Латин Америкэм, КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ СНГ-мрэ щыщ къэрал 63-м я лIыкIуэхэр. Ахэр зэхъуэжащ я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ, лэжьыгъэкIэ адэкIи зэпыщIауэ щытынуи зэгурыIуащ.
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: