ЦIыхухэм зэрахуэщхьэпэ лэжьыгъэКъБР-м щыIащ УФ-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Котяков Антон. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ хьэщIэмрэ тепсэлъыхьащ республикэм «Демографие» лъэпкъ проектыр зэрыщагъэзащIэм епха Iуэхугъуэхэм. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ Жылагъуэ фондым иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэмрэ «ПIалъэ кIыхьым тещIыхьа дэIэпыкъуныгъэ» къызэгъэпэщын зэрыхуеймрэ. «Ди Президент Путин Владимир ищIа жэрдэмхэм я фIыгъэкIэ, цIыхухэм яIэрыхьэ жылагъуэ дэIэпыкъуныгъэм нэрылъагъуу хэхъуащ, псом хуэмыдэу сабий зэрыс унагъуэхэм. КъБР-м сабий ахъшэ ират къалъхугъащIэхэм щегъэжьауэ илъэс 17 ныбжьым къриубыдэхэм. Апхуэдэхэм я бжыгъэр мин 14 мэхъу. Псоми зэхэту ират мылъкур сом мелард 11-м нос, ахэр федеральнэ бюджетым къыхагъэкIри, республикэм и мылъкум щыщи халъхьэж.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2024 - 11:35 →
ЦIыхубэр зыхуэныкъуэр ягъэнэхъапэ
10.08.2024 - 12:00 →
Бжььыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм ирихьэлIэу
10.08.2024 - 09:00 →
ДыщIигъуащ мин 905-м
28.07.2024 - 13:48 →
Иратащ щIакIуэрэ адыгэ пыIэрэ
13.07.2024 - 14:29 →
ТАСС-м и къудамэщIэ къызэIуах
|