Ди щIыналъэр щапхъэ яхуохъуУзыншагъэ Яхуэмыгъэхъуж узыфэхэр зыпкърыт сабийхэм дэIэпыкъуэгъу щахуэхъу къудамэу къэралым къыщызэIуахахэм я нэхъыфI дыдэм хабжэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэр. Абы лэжьыгъэр къызэрыщызэгъэпэщам щапхъэ трахыну хуагъэлъэгъуэнущ Урысейм и адрей хэгъэгухэм. «Къэбэрдей-Балъкъэрыр икъукIэ щIыналъэ гъэщIэгъуэнщ. Яхуэмыгъэхъуж узыфэхэр зыпкърыт сабийхэм зэрыдэIэпыкъунымкIэ ахэр дгъэсэн хуейуэ аракъым, атIэ дэ абыхэм щапхъэ ятетхыпхъэщ. Абыхэм я лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэр нэгъуэщI щIыналъэхэми зэрыщыдгъэлъэгъуэнум дыхущIэкъунущ, - жиIащ Урысейпсо цIыхубэ фронтым и «Регион заботы» проектым и унафэщI Федермессер Аннэ.
Поделиться:
Читать также:
20.05.2024 - 16:00 →
Гъатхэм и гъэгъахэр
20.05.2024 - 15:14 →
Адыгэ къуажэхэм я тхыдэм къыхэщыж фIэщыгъэцIэхэр
20.05.2024 - 15:00 →
Кавказ Ищхъэрэм мэкъумэшымкIэ дыщынэхъыфIщ
20.05.2024 - 14:50 →
Ахэр дахэ къудейкъым…
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
|