Туристхэр къызэрырагъэблэгъэнум зыхуагъэхьэзырКъэбэрдей-Балъкъэрым курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Аслъэнбий иджыблагъэ къызэрыхигъэщамкIэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ курортхэр хуэхьэзырщ илъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм. «ИлъэсыщIэр къыщихьэкIэ махуэ зыбжанэкIэ зэкIэлъыкIуэу загъэпсэхуну Iэмал яIэщ ди къэралым и цIыхухэм. Дэри гулъытэшхуэ худощI турист кIуапIэ хъуа ди щIыпIэхэр абы хуэгъэхьэзырыным. Ди Iуащхьэмахуэм и дахагъэм ахэр зыIэпешэ, икIи ди деж нэхъыбэу къакIуэр лыжэкIэ, сноубордкIэ бгым къежэхын зыфIэфIхэмрэ зи нэгу зезыгъэужьыну хуейхэмрэщ. ИкIи ахэр тыншыпIэ псомкIи къызэгъэпэщыным мыхьэнэшхуэ идот. Дыщогугъ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ди хьэщIэщхэм я процент 80-м туристхэр къытхуеблэгъэну. Языныкъуэхэм пэшхэр бэджэнду къащтэ ди деж къэкIуэным иджыри зэманыфI иIэу, языныкъуэхэми, зэрыжаIэу, иужьрей дакъикъэхэм траухуэ. Абыхэм яхэтщ лыжэкIэ къыщыбжыхь хъуну зэманыр и кIэм нэсыхукIэ, гъатхэпэ мазэм нэблэгъэхукIэ, ди деж щыIэну къакIуэхэри», - къыхигъэщащ Щхьэгъэпсом. Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ хьэщIэщхэм псори зэхэту зэуэ яхущIэгъэтIысхьэнущ цIыху миниблым нэблагъэ. ХьэщIэхэр къызэрыкIуэнум ди щIыналъэр сыт щыгъуи хуэхьэзырщ. Туристхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным теухуауэ республикэм и ведомствэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт комиссэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр ирегъэкIуэкI. Абы хохьэ МЧС-р, МВД-р, КъБР-м ГъуэгумкIэ и управленэр, нэгъуэщIхэри. Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэм я бжыгъэм нэхъри къыхэхъуэмэ, абыхэм щхьэкIэ машинэ гъэувыпIэхэр щхьэхуэу къызэрагъэпэщынущ, 3500-м щIигъу ихуэн хуэдэу. Абыхэм якIэлъыплъынущ, зыхуэныкъуэхэмкIи ядэIэпыкъунущ ГИБДД-м и лэжьакIуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 11:00 →
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IутIыж махуэшхуэм теухуа и хъуэхъу
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
|