НэхъыфIхэм хабжащ

ЩэкIуэгъуэр уэфIу зэрекIуэкIам и фIыгъэкIэ, Iуащхьэмахуэ и лыжэ къэжыхьыпIэхэр зы мазэкIэ нэхъ пасэу къызэIуахащ. Апхуэдэу мы махуэхэм Къэрэшей-Шэрджэсым щаутIыпщащ «Архъыз» кIапсэ гъуэгухэри. Iуэхум кIэлъыплъ щIэныгъэлIхэм къызэрыхагъэщамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм проценти 10-кIэ хэхъуэну хуагъэфащэ икIи ар куэдкIэ и фIыгъэщ, «Туризмэмрэ гъэхьэщIэкIэмрэ» къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу, Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм зегъэужьыжыным халъхьэ инвестицэхэр хуэдищкIэ нэхъыбэ зэрыхъуам. «Къэрал экономикэм зы унэтIыныгъи иIэкъым апхуэдэ хэлъхьэныгъэ хуащIауэ»,- жаIащ абыхэм.

«Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм лыжэкIэ къыщыбжыхь хъу зэманыр икIыркъым мэкъуауэгъуэм нэсыху. Метр 3847-рэ зи лъагагъ Гара-Баши станцым къыщыщIэдзауэ «Мир» станцым (метр 3500-рэ и лъагагъщ) нэс макIуэ кIапсэ гъуэгухэм я нэхъ лъагэ дыдэр. Абы уэсыр зэпымыууэ къыщос, лыжэ къэжыхьыпIэхэр зыгъэкъабзэ техникэхэр зэпымыууэ щолажьэ, уэсыр ткIуркъым, зэрыжаIащи, гъэмахуэм техьэху. КъыкIэлъыкIуэ гъуэгур «Кругозор» станцым (метр 3000 и лъагагъщ) нос. Метр 2350-рэ зи лъагагъ «Азау» дэкI гъуэгури мы махуэхэм хьэзыр ящIынущ. Лыжэ къэжыхьыгъуэ зэманым хуэхьэзырщ абы хуэщIа Iэмэпсымэхэр, ски-пасс картэхэр щат щIыпIэхэр.

Iуащхьэмахуэ лыжэкIэ къыщызыжыхь балигъхэм щIатыр зы жэщ-махуэм сом 2050-рэщ, сабийхэм (илъэси 6-м къыщыщIэдзауэ 16-м нэсыху) - 1350-рэщ. Иджыпсту зекIуэ уасэхэм елъытауэ ар екIурабгъущ. ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу, зэрыгурыIуэгъуэщи, уасэхэр дэкIуеинущ, гъэ къэси хуэдэу. КIапсэ гъуэгухэм я уасэхэм деплъмэ, цIыху къэс сом 700-м къыщыщIэдзауэ 1600-м нэс щIат, зэпачыну гъуэгуанэм и лъагагъым тещIыхьауэ. Лыжэхэмрэ башхэмрэ сом мин, хьэщIэщхэм зы жэщ-махуэм сом мин 1,5-рэ хуозэ. Вагъуитху хьэщIэщхэм я уасэр сом мини 108-м нызэрохьэс.

2023/2024 къэжыхьыгъуэ лъэхъэнэм Iуащхьэмахуэ и къухьэпIэ джабэм щIэуэ къыщызэIуахынущ лыжэ къэжыхьыпIэу 8. А трассэхэм я дэтхэнэми километри 6,5-рэ, псоми зэхэту километр 23-рэ я кIыхьагъщ. Абыхэм дыщIагъунущ кIапсэ гъуэгуу тIу. Зым и хъыринэхэр зэхуэщIауэ, адрейм ейр зэIухауэ щытынущ, зым лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIащ, дыгъэгъазэм и I5-м ягъэунэхунущ. ЕтIуанэри къызыхуэтыж щыIэкъым: технологие, электрокъарур къезыт Iэмэпсымэхэр ягъэуващ. Дыгъэгъазэм и кIэм ирихьэлIэу псори хьэзыр ящIынущ.

Iуащхьэмахуэ зыкъыкIэригъэхуркъым «Архъызи». Къапщтэмэ, «Урысейм и къуршхэр» къэрал саугъэтым ипкъ иту ирагъэкIуэкIа цIыхубэ IэIэтым абы къыщызэринэкIащ езым хуэдэ 342-рэ. «Домбей», «Архъыз» зыгъэпсэхупIэхэр яхэхуащ «Яндекс Путешествия» интернет-сервисым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм бжьыпэр щызыубыда 5-м, Сочэ и «Къуэбыдэ», Кемеровэ областым и «Шерегеш», Алтай крайм и «Белокуриха» лыжэ къэжыхьыпIэхэм къакIэлъыкIуэу.

Ди гъунэгъу «Архъыз» кIапсэ гъуэгуу 8, лыжэ къэжыхьыпIэу километр 27-рэ иIэщ, и хьэщIэщхэм цIыху мин 15 щIэхуэнущ. «Домбей» кIапсэ гъуэгуу 9, къэжыхьыпIэ трассэу 12 (километр 25-рэ мэхъу) иIэщ, и хьэщIэщхэм зэуэ ирагъэблэгъэфынущ цIыху мини 7. Абдежми къыщыувыIэнукъым Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэхэм я щытыкIэр егъэфIэкIуэныр. ДызыхуэкIуэ илъэсхэм «Архъыз» щаухуэнущ а фIэщыгъэ дыдэр зиIэ, Архъызрэ Къуэбыдэ щIыпIэмрэ зэпызыщIэ дунейпсо кхъухьлъатэ къэтIысыпIэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Аслъэнбий зэрытепсэлъыхьамкIэ, «Урысейм и гъущI гъуэгухэр» IуэхущIапIэм мы илъэсым япэу къызэIуихащ Iуащхьэмахуэ лъапэ нэс кIуэ «мультимодальнэ гъуэгуанэхэр». Абы и фIыгъэкIэ ди республикэм къакIуэ туристхэм зрагъэлъагъунущ, ди лыжэ къэжыхьыпIэхэм ямызакъуэу, зыплъыхьыпIэ щIыпIэ нэхъ дахэхэри.

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться: